Хэзыгъэгъуазэ
Егъэджакlуэр
зэрылажьэ программэр хуэгъэхьэзаращ МОУ СОШ №3-м и 1 классым. Зэрылажьэ
программэр щыдгъэува къалэнхэр дгъэзэщlэн
папщlэ
къыдогъэсэбэп КъБР-м щlэныгъэ lэхухэмкlэ
Министерствэм къищта «Пэщlэдзэ классхэм и
программэхэр», Гугъуэт Лол, Гугъуэт Елизаветэ, Зэхъуэхъу Лиуан зэлэжьа «Азбукэ»
тхылъ, 2010 гъэм къыдэкlа, КъБР-м и щlэныгъэ
lуэхухэмкlэ
и Министерствэм къищта тхылъыр, Балэ Людэ зэлэжьа, 2010 гъэм къыдэкlа,
КъБР-м и щlэныгъэ lэхухэмкlэ
и Министерствэм къищта «Зэрылажьэ lэрытх»
1,2 lыхьэхэр.
«Азбукэр» джыным сыхьэту хухэхащ, ар
къеджэнымрэ тхэнымрэ ятегуэшащ. Тхэнымрэ къеджэнымрэ зэхуэдиз урок хухэхащ.
Къеджэкlэрэ
тхэкlэрэ
(грамотэ) егъэщlэныр лъэхъэнищу
зэхэтщ – щыхуагъжхьэзыр, азбукэр щадж (мыр lыхьэ
нэхъыщхьэщ), азбукэ нэужь лъэхъэнэу.
Щыхуагъэхьэзыр лъэхъэнэ.
Бзэмкlэ
(жьэбзэмкlи тхыбзэмкlи)
къызэрыгуэкl гурыlуэныгъэ
егъэгъуэтын. Бзэр псалъэухахэу, псалъэухахэр псалъэу, псалъэхэр пычыгъуэу
зэпыудын, дамыгъэ итхъахэр къэгъэсэбэпауэрэ.
Псалъэр пычыгъуэкlэрэ
зэпыгъэщхьэхукlын, псалъэм ударенэр
тегъэувэн (ударенэр макъкlэ къыхэгъэщхьэхукlын,
ударенэр зытелъ пычыгъуэр нэхъ хэкъузауэ къэпсэлъауэрэ), псалъэр зэрызэхэт
пычыгъуэ бжыгъэр гъэбелджылын.
Бзэм и макъым щыгъэгъуэзэн, щызэхэпхкlи
къыщупсэлъкlи макъзешэхэмрэ макъ дэкlуашэхэмрэ
(дэгухэмрэ жьгъыжьгъхэмрэ) зэхэгъэщхьэхукlыфын.
Псалъэм макъ щхьэхуэхэр къыхэгъэщхьэхукlын
(макъзешэ, макъ дэкlуашэ), псалъэр
зэрызэхэт пычыгъуэхэмрэ макъхэмрэ хузэпкърыхын (псалъэм хэт макъхэм я бжыгъэр,
ахэр зэрызэкlэлъыхьар, я щытыкlэхэр
гъэбелджылын, ударенэр зытелъ пычыгъуэр къыхэгъэщхьэхукlын,
псалъэм къэпсэлъыкlэмрэ и тхыкlэмрэ
зэхуэхьын, ар зэрызэхэт пычыгъуэхэмрэ макъхэмрэ къыщыгъэлъэгъуа схемэм
иригъуазэурэ).
Макъ иратар хэту псалъэ къэгупсысын, псалъэм
и къэпсэлъыкlэмрэ ар зэрызэхэт макъхэм
хуащlа
схемэмрэ зэрызэтехуэр гъэбелджылын.
Азбукэр щрагъэдж лъэхъэнэ.
Адыгэбзэм макъыу хэт псори егъэщlэн,
нэгъуэщlым
къипсэлъа макъыр и lукlэкlэ
еджакlэхэм
къацlыхуфу,
езыхэми а макъыр къапсэлъыфу егъэсэн.
Дэтхэнэ зы макъми и зэрыб хьэрфри и lэрытх
хьэрфри егъэщlэн, макъыр зэхебгъэхмэ,
абы и макъыр къагъэлъэгъуэфын, хьэрфыр ебгъэлъагъумэ, абы къикl
макъыр ягъэlуфын хуэдэу.
Хьэрфзешэм тещlыхьауэ
пычыгъуэхэм зэпащlэурэ къегъэджэн,
хьэрф яджахэр зыхэт пычыгъуэхэм къегъэджэн.
Хьэрф къыхэбзыкlахэр
къагъэсэбэпурэ, пычыгъуэхэр, псалъэхэр зэхалъхьэн (япэщlыкlэ
ахэр зэрызэхэт макъхэмрэ хьэрфхэмрэ зэпкърыхауэ, абыхэм къеджэн).
Псалъэ щхьэхуэхэми псалъэуха мыинхэми
къеджэкlэрэ,
гъэ еджэгъуэм и кlуэцlкlэ
цlыкlухэм
я къеджэкlэм зиузэщlу
кlуэурэ,
пычыгъуэкlэрэ зэпагъэууэ
къеджэныгъэм къыщегъэжьауэ зэпамыгъэууэ къеджэныгъэм хуэкlуэн
хуейщ.
Тхэкlэ
егъэщlэныр.
Еджакlуэр
егъэсэн тэмэму зэфlэсыфу (щытхэкlэ
зэрызэфlэсын
хуей щlыкlэр
ирагъащlэ),
тетрадыр тэмэму (тlэкlу
хуэlушэу)
партэм тралъхьэфу, щытхэкlэ е сурэт щащlкlэ
къэрэндащыр е ручкэр тэмэму зэраlыгъын
хуей щlыкlэр
ирагъэлъагъу.
Хьэрфхэм я
лъагагъын хуейр, абыхэм я зэхуакур нэкlэ
ягъэбелджылыфыным хуэзыгъасэ, lэбэлагъым,
lэпэхэм
зезыгъэужь лэжьыгъэхэр егъэкlуэкlын.
Хьэрфышхуэ, хьэрф цlыкlу
псоми я тхыкlэм щыгъуазэ щlын,
ахэр зэрызэпащlэ щlыкlэхэр
егъэщlэн.
Макъхэр къызэрыгъэлъэгъуа lэрытх
хьэрфхэр егъэцlыхун.
Зэпыщlауэ,
зэпlэзэрыту
хьэрфхэр ятхыу, ахэр псалъэм щызэпыгъэувэфыным, сатырым хьэрфхэр тэмэму
датхэфу, псалъэхэр щызэкlэлъатхыфу егъэсэн.
Япэ
егъэджэгъуэм и кlэм
еджакlуэхэм ящlэн
хуейхэмрэ яхузэфlэкlыпхъэхэмрэ.
Определенэ
ирамыту бзэм щызэхацlыхукlыфу
щытыпхъэхэр: псалъэуха, псалъэ, пычыгъуэ, пычыгъуэм и къэхъукlэр;
бзэм и макъ, макъзешэ, макъ дэкlуашэ,
хьэрф зэрыб, lэрытх, хьэрф цlыкlу,
хьэрфышхуэ. Абыхэм я цlэ ипlуэмэ,
зищlысыр
къагурыlуэн,
еджэныгъэм хэту щрихьэлlэкlэ,
езыхэми абыхэм я цlэ къраlуэфын.
«Азбукэ» - м ит тхыгъэхэм уакъыхуеджэмэ, а зэхахыр псалъэухаурэ зэрыщытыр къащlэфын.
«Азбукэ» - м
къыщыхьа тхыгъэхэм узыщрихьэлlэ
хьэрф псоми къеджэфын икlи тратхыкlыфын,
нагъыщэхэр къагъсэбэпынри хыхьэу. Зи къэпсэлъыкlэкlэ
зи тхыкlэкlэ
зэтехуэ псалъэхэу зи мыхьэнэр къагурыlэхэр,
апхуэдэ псалъэхэу зэхэт псалъэуха тынш дыдэхэр диктанту ятхыфын, псалъэ 20-25-м
нэс, мы бжыгъэм хэтщ щатх числом хэт псалъэхэри, текстым и псалъащхьэри,
диктант псалъэри. Класс, унэ лэжьыгъэхэуи ятхын хуейр псалъи 10-13-щ.
Псалъэр
пычыгъуэурэ, макъыурэ зэпкърахыфын. Псалъэ тыншхэр щатхкlэ,
сатырым имыхуэ псалъэ lыхьэхэр къыкlэлъыкlуэ
сатырым яхьыфын.
Псалъэхэр щатхкlэ,
хьэрфышхуэкlэ кърагъэжьэфын, и кlэм
точкэ, упщlэ нэгъыщэ ягъэувыфын.
Я псалъэхэм
хэгъэхъуэн, я псалъэ гъэтlылъыгъэм жыджэру
къыщагъэсэбэпыфын мыпхуэдэ мыхьэнэ зиlэ
псалъэхэр: инагъ-цlыкlуагъ,
плъыфэ; здэщыlэн щlыпlэ;
здэгъэза лъэныкъуэ; зэман, зэманкlэ
зэлъытын; бжыгъэ, бжыгъэкlэ зэлъытын,
нэгъуэщlхэри.
Япэ гъэ еджэгъуэм хухэха темэхэр:
1) Псалъэмакъ,
псалъэ.
2) ПычыгъуэмкIэ гурыIуэгъуэ.
3) IударенэмкIэ гурыIуэгъуэ.
4) Макъзешэр зищIысыр.
5) СурэтымкIэ псысэ
зэхегъэлъхьэн.
6) Макъ «а»,
хьэрфхэу «А», «а».
7) Макъ «у», хьэрфхэу
«У», «у»; пычыгъуэхэу «ау», «уа».
8) Макъ «м», хьэрфхэу
«М», «м».
9) Макъ «э», хьэрф
«э».
10) Макъ «н»,
хьэрф «Н», «н».
11)
Макъ «р»., хьэрф «Р»., «р».
12)
Макъ «ж», хьэрф «Ж», «ж».
13)
Макъ «ш», хьэрф «Ш», «ш».
14)
Макъ «ы», хьэрф «Ы», «ы».
15)
Макъ «и», хьэрф «И», «и».
16)
Макъ «Щ», хьэрф «Щ», «щ».
17)
Макъ «з», хьэрф «З», «з».
18)
Макъ «с», хьэрф «С», «с».
19)
Макъ «л», хьэрф «Л», «л».
20)
Макъ «д», хьэрф «Д», «д».
21)
Макъ «т», хьэрф «Т», «т».
22)
Макъ «х», хьэрф «Х», «х».
23)
Макъ «ху», хьэрф «Ху», «ху».
24)
Макъ «б», хьэрф «Б», «б».
25)
Макъ «п»., хьэрф «П»., «п».
26)
Макъ «о», хьэрф «О», «о».
27)
Макъ «е», хьэрф «Е», «е».
28)
Макъ «хь», хьэрф «Хь», «хь».
29)
Макъ «г», хьэрф «Г», «г».
30)
Макъ «гу», хьэрф «Гу», «гу».
31) Макъ «I», хьэрф «I», «I».
32) Макъ «Iу», хьэрф «Iу», «Iу».
33)
Макъ «к», хьэрф «К», «к».
34)
Макъ «ку», хьэрф «Ку», «ку».
35)
Макъ «жь», хьэрф «Жь», «жь».
36) Макъ «в», хьэрф «В», «в».
37)
Макъ «ф»., хьэрф «Ф»., «ф».
38)
Макъ «й», хьэрф «Й», «й».
39)
Макъ «дж», хьэрф «Дж», «дж».
40)
Макъ «дз», хьэрф «Дз», «дз».
41)
Макъ «я», хьэрф «Я», «я».
42)
Макъ «лъ», хьэрф «Лъ», «лъ».
43)
Макъ «къ», хьэрф «Къ», «къ».
44)
Макъ «къу», хьэрф «Къу», «къу».
45)
Макъ «гъ», хьэрф «Гъ», «гъ».
46)
Макъ «гъу», хьэрф «Гъу», «гъу».
47)
Макъ «хъ», хьэрф «Хъ», «хъ».
48)
Макъ «хъу», хьэрф «Хъу», «хъу».
49)
Макъ «кI», хьэрф
«КI», «кI».
50)
Макъ «кIу», хьэрф
«КIу», «кIу».
51)
Макъ «щI», хьэрф
«ЩI», «щI».
52)
Макъ «фI», хьэрф
«ФI», «фI».
53)
Макъ «пI», хьэрф
«ПI», «пI».
54)
Макъ «ц», хьэрф «Ц», «ц».
55)
Макъ «цI», хьэрф
«ЦI», «цI».
56)
Макъ «тI», хьэрф
«ТI», «тI».
57)
Макъ «лI», хьэрф
«ЛI», «лI».
58)
Макъ «ч», хьэрф «Ч», «ч».
59)
Макъ «кхъ», хьэрф «Кхъ», «кхъ».
60)
Макъ «кхъу», хьэрф «Кхъу», «кхъу».
61)
Макъ «ю» «(у)», хьэрф «Ю», «ю».
62)
Макъ «ё», хьэрф «Ё», «ё».
63)
Дамыгъэ «ь»- р., хьэрф «ъ» - р.
64)
Макъ «э», хьэрф «Э», «э».
65)
Диктант. 66) Къуалэбзухэр.
Оставьте свой комментарий
Авторизуйтесь, чтобы задавать вопросы.