Инфоурок Начальные классы Рабочие программыРабочая программа по кабардинской литературе

Рабочая программа по кабардинской литературе

Скачать материал

ХЭЗЫГЪЭГЪУАЗЭ ТХЫГЪЭ

КъеджэкIэрэ тхэкIэрэ щрагъащIэ урокхэр дэIэпыкъуэгъу хъууэ щытын хуейщ еджакIуэхэм сыт и лъэныкъуэкIэ заужьынымкIэ, ныбжьэгъугъэм, лэжьыгъэм  хуэгъэсэнымкIэ, еджэныр яфIэфI хъунымкIэ.

Къеджэныгъэм къызэщIеубыдэ классым къызыщеджэри классым щаджым нэмыщI, къызэджэри (мыкласс еджэныгъэр). Апхуэдэ лэжьыгъэр щекIуэкI Iыхьэщ, пэщIэдзэ классхэм я 2-4 классхэр.

Епл1анэ классым тхыгъэм щелэжьым деж ялэжьыпхъэ Iуэхугъуэ нэхъыщхьэхэр:

- тхыгъэм хуэгъэува упщIэхэм жэуап иратыфын;

- жэуап иратым щыхьэт техъуэ псалъэухахэр, тхыгъэм щыщ Iыхьэхэр къыхагъуэтэфын;

- тхыгъэр къазэрыщыхъуар къыжаIэфын;

- тхыгъэм план хуагъэувыфын, абы тетуи къаIуэтэжыфын;

- тхыгъэм къыхуэхьа сурэтым тепсэлъыхьыфын, ар зэпкърахыфын;

- тхыгъэр Iыхьэ-Iыхьэурэ зэпаудыфын, Iыхьэ къэс псалъащхьэ, сурэт хуащIыфын;

- къызэджам щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр къахутэфын;

- художественнэ тхыгъэм тхакIуэм къыщигъэсэбэпа псалъэхэм гулъытэ хуащIыфын;

- къэхъукъащIэхэм, гъэм и зэманхэм, цIыхухэм я хьэл-щэнхэм щыхьэт техъуэ псалъэхэр тхыгъэм къыхэгъуэтэфын.

Еп1анэ классым къеджэнымкIэ и программэм еджакIуэхэр тхыгъэ зэмылIэужьыгъуэхэм щыгъуазэ ещI. Апхуэдэхэщ усэхэр, уэрэдхэр, къуажэхьхэр, псалъэжьхэр, псынщIэрыпсалъэхэр, нэщэнэхэр, рассказхэр, тхыгъэ нэхъ инхэм щыщ пычыгъуэхэр. Ахэр псори я бзэкIэ зытепсэлъыхь Iуэхугъуэхэм, еджакIуэхэм ягъуэта щIэныгъэм елъытауэ я ныбжьым къезэгъыу къыхахащ.

ПэщIэдзэ классхэм щаджым нэмыщI къеджэныгъэр сабийхэр адыгэбзэм хуегъэджэнымкIэ Iэмал имыIэу зыхуей Iуэхугъуэхэм ящыщ зыуэ къэлъытапхъэщ.

 

Мурадыр:

- хуабжьагъ-псынщIагъ, псалъэхэр зэрыIум и инагъ, щIэжьыуэ иIэныгъэ, лъэгагъ-лъахъшагъ (макъым зегъэIэтыныгъэ, ар гъэлъэхъшэныгъэ) жыхуаIэхэр къагъэсэбэпурэ, псалъэхэр тэмэму мардэм иту къапсэлъыфу егъэсэн;

- зэджэ тхыгъэм епха упщIэхэмрэ лэжьыгъэхэмрэ къагъэсэбэпыфын, егъэджакIуэр къадэIэпыкъуурэ;

- анэдэлъхубзэм зэрелэжьын тетрадым ит лэжьыгъэхэр тэмэму ягъэзэщIэфу егъэсэн;

- и фIэщыгъэцIэмрэ и иллюстрацэхэмкIэ тхылъым итынур хуагъэфэщэфын;

- къызэджэр егъэджакIуэм и упщIэхэмкIэ къыжаIэжыфыным теухуа есэныгъэм зегъэужьын, зэджам зыщрихьэлIа къэхъукъащIэхэмрэ тхыгъэм цIыху хэтхэм я IуэхущIафэхэмрэ къекIу-къемыкIу, къезэгъ-къемызэгъ и лъэныкъуэкIэ зыхуэдэр яубзыхуфын;

- езыр-езыру тхылъ еджэн и лъэныкъуэкIэ ягъуэт есэныгъэхэр егъэбыдылIэн;

- литературэм теухуа джэгукIэ тыншхэм щыгъэгъуэзэн;

- къызэджа тхыгъэхэм къыхаха (ягу нэхъ ирихьа) Iыхьэхэр инсценеровкэ ящIыфын, абы хэт цIыху щхьэхуэхэм я ролыр ягъэзэщIэфын.

 

ПэщIэдзэ классхэм къеджэныгъэмкIэ еджакIуэхэм щыдрагъэкIуэкI лэжьыгъэм мы Iуэхугъуэхэр къызэфIигъэкIын хуейщ:

 - жьакIуэу псалъэныр;

- тхылъымрэ тхыгъэ щхьэхуэхэмрэ елэжьынымкIэ есэныгъэ тэмэмхэр егъэгъуэтыныр;

- къэIуэтэныгъэ зэпхамкIэ яIэ хъуа зэфIэкIхэм зегъэужьыныр, хэпщIыкIыу абыхэм хэгъэхъуэныр, тэмэму, гъэхуауэ усэ еджэныр.

Анэдэлъхубзэр джыным е-4-нэ классым сыхьэт 2 хухах. Абы ипкъ иткIэ къеджэныгъэр сыхьэт 68 мэхъу.

Епл1анэ гъэ еджэгъуэм хухэха разделхэмрэ темэхэмрэ

I Адыгэ 1уэры1уатэ

Нэщэнэхэр IуэрыIуатэм и жанрщ.

Къуажэхьхэр IуэрыIуатэм щыщ жанрщ.

Къуажэхьхэр

Къуажэхьхэр IуэрыIуатэм щыщ жанрщ.

Хъыбар зиIэ къуажэхьхэр

ПсынщIэры-псалъэхэр IуэрыIуатэм щыщ жанрщ.

ПсынщIэры-псалъэхэр

ФIымрэ Iеймрэ. Адыгэ псысэ «Мыщэ и къуэ Батыр»

Нэпсеягъэ. ГущIэгъунша-гъэ. Гущэбагъэ.

Псысэ «ЛIымрэ жыгымрэ»

ЦIыхухэмрэ псэущхьэхэ-мрэ.

Псысэ «ПцIащхъуэ цIыкIу»

Таурыхъхэр. Таурыхъ  «ЩIалэм и насып»

Хэхуагъэ. Хэкур хъумэныр. Хъыбархэр.

Нарт хъыбар «Бэдынокъуэ чынтым зэрезэуар»

Мыкласс еджэныгъэ. ГугъуехьакIуэхэм я пашэ.

Андемыркъан и хъыбар

Хъуэхъухэр IуэрыIуатэм и жанрщ.

Хъуэхъухэр, махуэшхуэ хъуэхъу

ФIэхъусыр IуэрыIуатэм и жанрщ.

ФIэхъус ехыкIэхэр

Хъуэхъур IуэрыIуатэм и жанрщ.

Жэбагъы и хъуэхъуэкIэр

IуэрыIуатэ. ФIыуэ флъагъурэ IуэрыIуатэр

 II Бжьыхьэ

Гъэм и зэман лIэужьыгъуэ-хэр. Бжыхьэм фыкIэлъыплъ.

Гъэм и зэман лIэужьыгъуэ-хэр.

Гъубжокъуэ Л. «Бжьыхьэ»

Мыкласс еджэныгъэ. Гъэм и зэманхэр.

БжьыхьэкIэ

Гъэм и зэманхэр. Тхьэгъэзит Зубер «БжьыхьэкIэ»

III ЩIымахуэ

Гъэм и зэманхэр.

 ЩIымахуэм фыкIэлъыплъ

Гъэм и зэманхэр. Нало Заур «ЩIымахуэ»

Мыкласс еджэныгъэ.

Гъэм и зэманхэр. Нало Заур «ЩIымахуэм»

Гъэм и зэманхэр. Щоджэн-цIыкIу Алий «ЩIымахуэ»

Гъэм и зэманхэр. АбытIэ Владимир «ЩIымахуэ»

Нэгузыужь. «Сэ лъэрыжэкIэ къэзжыхьыфу зэрызезгъэсар»

IV Дапщэщи щапхъэу щыт

Анэм быным хуигъэфащэр фIы защIэщ.

 Адзын Мухьэмэд «Си щIалэ»

Адэ-анэхэмрэ бынхэмрэ.

 КIуантIэ Iэзид «Гулъытэ»

Адэ-анэхэмрэ бынхэмрэ.

Къуэдзокъуэ Хьэсэн «Блулэ»

ГъащIэ нэху.

Щоджэн-цIыкIу Алий «ЩIэблэм папщIэ уэрэд»

Мыкласс еджэныгъэ. Адэ-анэхэмрэ бынхэмрэ.

ХьэхъупащIэ Амырхъан «Нэлат»

Зэныбжьэгъу-гъэмрэ гущIэгъунша-гъэмрэ.

Губзыгъагъэр. Къэзэнокъуэ Жэбагъы «Сыт губзыгъэ жыхуаIэр»

V. Си Хэку

Лъэпкъым и тхыдэ.

Нэгумэ Шорэ «Ижь зэманым адыгэхэм я псэукIар»

Лъэпкъым и тхыдэ. Хьэх Сэфарбий «Дэшхуей тхьэмпэ»

Зыщалъхуа Хэку. Дыгъужь Къурмэн «Кърухэр»

Анэдэлъху-бзэм и къарур.

Бозий Лудин «Хъерлы зыгъэпIей-тейр»

VI Гъатхэ

Гъэм и лъэхъэнэхэр.

Гъатхэм фыкIэлъыплъ

Гъэм и лъэхъэнэхэр.

 Щоджэн-цIыкIу Iэдэм «Гъатхэ теплъэгъуэ-хэр»

Гъэрэ щIырэ щызэхэкI лъэхъэнэ. Тхьэгъэзит Зубер «Гъэрэ щIырэ»

Гъэм и лъэхъэнэхэр. Нало Заур «Гъатхэ»

Гъатхэм къэкIыгъэхэр.

Мэзым, жыг хадэм фытепсэлъыхь

ФIыуэ феджауэ пIэрэ?

VII Гъэунэхуныгъэ инхэм я зэман

Зауэм и гуауэр.

КIыщокъуэ Алим «Жыр пыIэ»

Хэкур хъумэн.

Нало Заур «Бжьыхьэ мэзым къыщыхъуар»

Мыкласс еджэныгъэ.

Лъэпкъым я зэныбжьэгъу-ныгъэ, гуапагъэр.

Щомахуэ Амырхъан «Мишэ и анэр къигъуэты-жащ»

Зауэр хьэзаб инщ.

Бозий Лудин «Лонэ и зы махуэ»

ТекIуэныгъэ.

Тхьэгъэзит Зубер «Уэ дыгъэу удиIэщ»

VIII Дыкъэзыухъуреихь дунейр

Дыкъэзыухъу-реихь дунейр хъумэн.

Къагъырмэс Борис «Жыг лъэдакъэ»

Мы класс еджэныгъэ. Дунеягъэр хъумэн.

Хьэх Сэфарбий «Мэзым»

Дунеягъэр хъумэн. ГъукIэлI Исуф «Дадэ»

Дунеягъэр хъумэн.

Гъубжокъуэ Лиуан «ПцIащхъуэ»

Дунеягъэр хъумэн.

КIуантIэ Iэзид «Мыр зеиншэщ»

Мыкласс еджэныгъэ.

Дунеягъэр хъумэн.

Елмэс Iэулэдин «Губгъуэ гуэгуш»

Дунеягъэр хъумэн. ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ «КIэпхъ»

Псэущхьэхэм я зэхущытыкIэр.

Къэрдэнгъущ Зырамыку «КIэбышэмрэ дыгъужьы-мрэ»

ФIIыуэ феджау пIэрэ?

Бзэм зегъэужьын.

IX Лэжьыгъэм цIыхур егъэбжьыфIэ

НэхъыжьыфI-хэм я хъуэпсапIэ.

КIыщокъуэ Алим «Къуэ»

Лэжьыгъэм цIыхур егъэлъапIэ.

Хъыбар «Лэжьыгъэм емыкIу хэлъкъым»

Лэжьыгъэм и пщIэр. Нало Заур «УдзгъэкI»

Космос. Щомахуэ Амырхъан «Космос»

X. Хабзэм щыщхэр

Хабзэ. Адыгэ фIэхъусхэр

Iэубыд сэламхэр

Мыкласс еджэныгъэ. Хабзэ. ХьэщIэм хуэгъэза хабзэхэр

XI Гъэмахуэ

Гъэм и зэманхэр.

КIыщокъуэ Алим «Гъэмахуэ уэшх»

Гъэм и зэманхэр. Нало Заур «Уэшх»,

Ацкъан Руслан «Мэгъуагъуэ уафэр»

Гъэм и зэманхэр. Тхьэмокъуэ Барасбий «Гъэмахуэ»

Гъэм и зэманхэр.

Сонэ Абдулчэрим «Пшэ цIыкIу»


КАЛЕНДАРНЭ-ТЕМАТИЧЕСКЭ ПЛАН

 

Темэхэр

Сыхьэт бжыгъэр

Дызыпэплъэ ехъулIэныгъэр

Къызэрытпщытэ Iэмалхэр

Урокым къэдгъэсэбэ-пынур

Классым щагъэза-щIэ лэжьыгъэ-хэр

Унэ лэжьы-гъэхэр

Урокыр щекIуэ-кIыну зэманыр

Адыгэ IуэрыIуатэ

план

факт

1

Нэщэнэхэр IуэрыIуатэм и жанрщ. Нэщэнэхэр.

1

Нэщэнэхэр къызыхэкIамрэ абыхэм я мыхьэнэмрэ ящIэн. ЦIыхум игъэунэхуа нэщэнэхэр ягу ираубыдэн.

ЦIыхум къыфIэщIым къыхэкIа нэщэнэхэмрэ цIыхум игъэунэхуа Iуэхугъуэхэмрэ зэхэгъэкIауэ къегъэIуэтэн.

Нэщэнэхэр.

Нап. 3-4.

Нап. 3-4.

02.09

 

2

Къуажэхьхэр IуэрыIуатэм щыщ жанрщ. Къуажэхьхэр

1

Къуажэхьхэр зищIысым, абыхэм я гъэпсыкIэм, я мыхьэнэм щыгъэгъуэзэн.

Къуажэхь джэгукIэхэмкIэ гъэджэгун.

Къуажэхьхэр.

Нап. 4-7.

Нап. 4-7.

06.09

 

3

Къуажэхьхэр IуэрыIуатэм щыщ жанрщ. Хъыбар зиIэ къуажэхьхэр

1

Хъыбар зиIэ къуажэхьхэм я къэхъукIар ящIэн.

Хъыбар зиIэ къуажьэхьхэр зыхуэхьэсын, къэIуэтэн.

Хъыбар зиIэ къуажэхьхэр.

Нап. 7-8.

Нап. 7-8.

09.09

 

4

ПсынщIэры-псалъэхэр  IуэрыIуатэм щыщ жанрщ. ПсынщIэры-псалъэхэр

1

ПсынщIэрыпсалъэхэм сабийхэр игъэджэгуу икIи тэмэмэу псалъэу иригъасэу цIыхубэмкъагупсы-са Iэмал гъуэзэджэу зэрыщытыр ящIэн.

ПсынщIэрыпсалъэ-хэмкIэ зэпегъэуэн.

ПсынщIэрыпса-лъэхэр.

Нап. 8.

Нап. 8.

13.09

 

5,6

ФIымрэ Iеймрэ. Адыгэ псысэ «Мыщэ и къуэ Батыр»

2

ФIыр Iейм пэщIэувэу зэрыщытыр ящIэн. ФIымрэ Iеймрэ зэхагъэкIыфу есэн. Псысэ къеджэкIэм, къыжыIэжыкIэм зегъэужьын.

План зэхэгъэувам иригъуазэурэ псысэр къыжыIэжын.

 

Нап. 9-25.

Нап. 9-25.

16.09

23.0

 

7

Бзэм зегъэужьын. Сочиненэ»Адыгэ хабзэ».

1

План гъэувамкIэ унэ псэущхьэ гуэрым тетхыхьын.

Планым ипкъ иткIэ текст зэхэгъэувэн.

 

Сочиненэ.

 

27.09

 

8

Мыкласс еджэныгъэ.

Нэпсеягъэ. ГущIэгъунша-гъэ. Гущэбагъэ. Псысэ «ЛIымрэ жыгымрэ»

1

Нэпсеягъэ щытыкIэм фIы къызэримыхьыр ящIэн. КъеджэкIэм, къыжыIэжыкIэм зегъэужьын.

Псысэр къыжегъэIэжын.

Псысэхэр зэрыт тхылъхэр.

Нап. 25-27.

Нап. 25-27.

30.09

 

9

ЦIыхухэмрэ псэущхьэхэ-мрэ. Псысэ «ПцIащхъуэ цIыкIу»

1

Гущэбагъэмрэ гущIэгъуншагъэмрэзэрызэпэщIэувэр ящIэн.

Псысэр къэIуэтэжын.

 

Нап. 27-30.

Нап. 27-30.

02.10

 

10

Таурыхъхэр. Таурыхъ  «ЩIалэм и насып»

1

Таурыхъхэр зытеухуар цIыхухэмрэ абыхэм я хьэл-щэнхэрауэ зэрыщытыр ящIэн. Планым иригъуазэурэ таурыхъыр зэпкъырыхын.

Планым тету къыжыIэжын.

Таурыхъхэр зэрыт тхылъхэр.

Нап. 30-35.

Нап. 30-35.

04.10

 

11

Хэхуагъэ. Хэкур хъумэныр. Хъыбархэр. Нарт хъыбар «Бэдынокъуэ чынтым зэрезэуар»

1

Хъыбархэр нэхъыбэу зытеухуар тхыдэм пэжу къыщыхъуа Iуэхугъуэ нэхъ ин дыдэхэр арауэ зэрыщытыр ящIэн. Хъыбарыр Iыхьэурэ гуэшу къыжыIэжын, Iыхьэ къэс псалъащхьэ хуэщIын.

Iыхьэ-Iыхьэурэ хъыбарыр къыжыIэжын.

«Нартхэр» тхылъыр.

Нап. 35-43.

Нап. 35-43.

09.10

 

12

Мыкласс еджэныгъэ. ГугъуехьакIуэхэм я пашэ. Андемыркъан и хъыбар

1

Хъыбархэм нэхъыбэу зи гугъу ящIыр лъэпкъым щыщу зи лIыгъэкIэ, акъылкIэ  нэхъ пажэу щыта цIыхухэрауэ зэрыщытыр ящIэн.

Хъыбарыр къыжыIэжын. ЛIыгъэ, губзыгъыгъэ къызыхэщ хъыбар яджахэм тегъэпсэлъыхьын.

«IуэрыIуатэ» тхылъыр.

Нап. 42-43.

Нап. 42-43.

11.10

 

13

Хъуэхъухэр IуэрыIуатэм и жанрщ. Хъуэхъухэр, махуэшхуэ хъуэхъу

1

Хъуэхъуэныр хабзэ дахэу, угъурлыгъэрэ акъылыфIагъэрэ пыщIауэ, дахэ, фIы жыпIэу зэрыщытыр ящIэн. Хъуэхъу зэхуэхьэсынымкIэ лэжьыгъэ егъэкIуэкIын.

Къэхутэныгъэ лэжьыгъэмкIэ зэхуэхьэса хъуэхъу дахэхэр къыжегъэIэн.

Хъуэхъухэр.

Нап. 43-46.

Нап. 43-46.

16.10

 

14

ФIэхъусыр IуэрыIуатэм и жанрщ. ФIэхъус ехыкIэхэр

1

ФIэхъус сэлам пхыныр цIыхум гуапагъэу бгъэдэлъ Iуэхугъуэу зэрыщытыр ящIэн.

ФIэхъус сэлам хыкIэхэр къыжегъэIэн.

ФIэхъус сэламхэр.

Нап. 46-47.

Нап. 46-47.

18.10

 

15

Хъуэхъур IуэрыIуатэм и жанрщ. Жэбагъы и хъуэхъуэкIэр

1

Жэбагъы губзыгъагъэ, Iущагъ куэд хэлъу зэрыщытар ящIэн.

Жэбагъы и хъуэхъухэр къыжегъэIэн.

Къэзэнокъуэ Жэбагъы теухуа тхылъхэр, хъыбархэр.

 

Нап. 47-48.

Нап. 47-48.

23.10

 

16

IуэрыIуатэ. ФIыуэ флъагъурэ IуэрыIуатэр

1

IуэрыIуатэм теухуауэ къащIар къэхутэн, егъэфIэкIуэн.

IуэрыIуатэм и Iыхьэхэм тегъэпсэлъыхьын.

«IуэрыIуатэ», «Нартхэр» тхылъхэр, псалъэжьхэр, къуажэхьхэр, псынщIэрыпса-лъэхэр.

Нап. 48-49.

Нап. 48-49.

 

25.10

 

Бжьыхьэ

17

Гъэм и зэман лIэужьыгъуэ-хэр. Бжыхьэм фыкIэлъыплъ.

Сочиненэ.

1

Бжьыхьэм дунейм игъуэт щытыкIэхэмрэ ахэр цIыхум къызэрыщыхъумрэ теухуауэ ящIэм хэгъэхъуэн.

Сурэтым еплъурэ, бжьыхьэ зэманым кIэлъыплъурэ планымкIэ бжьыхьэм тепсэлъыхьын.

Сочиненэ тхын.

«Бжьыхьэ» сурэтыр.

Нап. 50-51.

Нап. 50-51.

30.10

 

18

Гъэм и зэман лIэужьыгъуэ-хэр. Гъубжокъуэ Л. «Бжьыхьэ»

1

Усэ къеджэкIэмрэ тхыгъэр зэпкъырыхынымрэ ехьэлIауэ яхузэфIэкIхэм хэгъэхъуэн.

Бжьыхьэм и нэщэнэу зи гугъу ищIхэр планым тету къэIуэтэн, гъэхуауэ усэм къеджэн.

Бжьыхьэм и нэщэнэхэр.

Нап. 52.

Нап. 52.

01.11

 

19

Мыкласс еджэныгъэ. Гъэм и зэманхэр. БжьыхьэкIэ

1

БжьыхьэкIэмрэ бжьыхьэпэмрэ зэщхьэщызыгъэкI нэщэнэхэм щыгъэгъуэзэн. «БжьыхьэкIэ» фIэщыгъэцIэр зиIэ тхыгъэр планым тету къэIуэтэн.

Бжьыхьэм зэрыкIэлъыплъахэм теухуауэ я гупсысэхэр зэкIэлъыкIуэу бзэ къабзэкIэ сочиненэ тхын.

БжьыхьэкIэм и нэщэнэхэр, псалъэжьхэр.

Нап. 53-54.

Нап. 53-54.

06.11

 

20

Гъэм и зэманхэр. Тхьэгъэзит Зубер «БжьыхьэкIэ»

1

БжьыхьэкIэм теухуауэ къащIар къызэщIэкъуэжын.

Гъатхэмрэ гъэмахуэмрэ я нэщэнэхэр бжьыхьэм и нэщэнэхэм елъытын.

Бжьыхьэм теухуа сурэтхэр, усэхэр, тхыгъэхэр, нэщэнэхэр, псалъэжьхэр.

Нап. 54-55.

Нап. 54-55.

13.11

 

ЩIымахуэ

21

Гъэм и зэманхэр. ЩIымахуэм фыкIэлъыплъ Сочиненэ

1

ЩIымахуэм и нэщэнэхэр ящIэн. «ЩIымахуэ» сурэтым еплъурэ планым тету щIымахуэм тепсэлъыхьын.

Сурэтым еплъурэ планым тету сочиненэ тхын.

ЩIымахуэ сурэтыр. Шишкин «Пщэдджыжьр уэздыгъей мэзым».

 

Нап. 56-57. Сурэтым еплъурэ сочиненэ тхын.

Нап. 56-57.

15.11

 

22

Гъэм и зэманхэр. Нало Заур «ЩIымахуэ»

1

Дунеягъэм щIымахуэм зэхъуэкIыныгъэу хилъхьахэр ящIэн. Усэ зэпкърыхыкIэм зегъэужьын.

Усэр гукIэ къыжыIэн, упщIэхэм жэуап етын.

ЩIымахуэ сурэтыр.

Нап.58.

Нап. 58 (гукIэ).

20.11

 

23

Мыкласс еджэныгъэ. Гъэм и зэманхэр. Нало Заур «ЩIымахуэм»

1

ЦIыхухэр щIымахуэм зэрыIущIэ щIыкIэр ящIэн. Рассказым къиIуатэр къыжыIэжын.

Рассказым зэгъэпщэныгъэ хэтхэр къэгъуэтын.

ЩIымахуэ сурэтхэр.

Нап. 59-61.

Нап. 59-61.

22.11

 

24

Гъэм и зэманхэр. Щоджэн-цIыкIу Алий «ЩIымахуэ»

1

ЩIымахуэпэмрэ щIымахуэкумрэ зралъытыфын. Усэ зэпкърыхыкIэм зегъэужьын.

Планым тету щIымахуэпэмрэ щIымахуэкумрэ зэлъытын.

ЩIымахуэпэмрэ щIымахуэкумрэ я сурэтхэр.

Нап. 62.

Нап. 62 (гукIэ).

27.11

 

25

Гъэм и зэманхэр. АбытIэ Владимир «ЩIымахуэ»

1

ЩIымахуэм и нэщэнэхэр, щымахуэм теухуа псалъэжьхэр ящIэн. Усэ зэпкърыхыкIэм зегъэужьын.

Усэм гъэхуауэ къеджэн. Усэм хэт псалъэхэр зрилъытыр къэхутэн.

ЩIымахуэм теухуа нэщэнэхэр, сурэтхэр.

Нап. 63-64.

Нап. 63-64.

29.11

 

26

Нэгузыужь. «Сэ лъэрыжэкIэ къэзжыхьыфу зэрызезгъэсар»

1

Темэ пухыкIакIэ рассказ зэхалъхьэфу есэн.

Рассказ зэхалъхьам къегъэджэн.

Рассказым и щIэдзапIэр.

Нап. 64.

Нап. 64.

04.12

 

Дапщэщи щапхъэу щыт

27

Анэм быным хуигъэфащэр фIы защIэщ. Адзын Мухьэмэд «Си щIалэ»

1

Анэм и IэфIагъыр, и гумащIагъэр, абы и быным фIыгъуэу щыIэ псори зэрыхуигъэфащэр, абы къыпэкIуэуи быныр гуапэу, IэфIу анэм зэрыхущытын хуейр ящIэн.

Анэм хущытыкIэ хуаIэм теухуа псалъэмакъ.

Анэм и сурэт, анэм теухуа псалъэжьхэр.

Нап. 65-66.

Нап. 65-66 (гукIэ).

06.12

 

28

Адэ-анэхэмрэ бынхэмрэ. КIуантIэ Iэзид «Гулъытэ»

1

Адэ-анэхэм дэтхэнэ зы цIыху тэмэмми гулъытэ яхуищIын зэрыхуейр ящIэн. Сусаннэ и цIыху щIыкIэр къызыхэщ рассказ кIэщI зэхэлъхьэн.

Я адэ-анэхэм гулъытэ хуащIым тепсэлъыхьын.

Адэ-анэм теухуа псалъэжьхэр.

Нап. 66-69.

Нап. 66-69.

11.12

 

29

Адэ-анэхэмрэ бынхэмрэ. Къуэдзокъуэ Хьэсэн «Блулэ»

1

ЦIыхум лей къыщылъысым деж дэIэпыкъуэгъу зэрыхуэхъун хуейр ящIэн.

Зэджа тхылъхэмрэ  хъыбархэмрэ къагъэсэбэпурэ ныбжьыщIэхэм зэрахьа лIыхъужьыгъэм тепсэлъыхьын.

Ныбжь-м, лIыхъужь-м теухуа хъыбархэр.

Нап. 69-71.

Нап. 69-71.

13.12

 

30

ГъащIэ нэху. Щоджэн-цIыкIу Алий «ЩIэблэм папщIэ уэрэд»

1

ЩIэблэм яIэ гъащIэ тыншыр къахузэзыгъэпэщыр балигъэхэрауэ зэрыщытыр ящIэн. Усэ къеджэкIэмрэ зэпкърыхыкIэмрэ хащIыкIым хэгъэхъуэн.

Иджырей зэманым щIэблэм щаIэ тыншыгъуэм тепсэлъыхьын.

ЗдэщыIа, зыщагъэпсэхуа щIыпIэхэм щызытрагъэха сурэтхэр.

Нап. 71-72.

Нап. 71-73 (гукIэ).

18.12

 

31

Мыкласс еджэныгъэ. Адэ-анэхэмрэ бынхэмрэ. ХьэхъупащIэ Амырхъан «Нэлат»

1

Адэ-анэхэмрэ бынхэмрэ язэхущытыкIэхэм теухуауэ еджакIуэхэм къагурыIуэхэмрэ зыхащIыкIхэмрэ нэхъ куу щIын. Къеджэнымрэ къызэджэр зэпкърахынымрэ ехьэлIауэ яхузэфIэкIхэр хэгъэхъуэн.

Адэ-анэхэмрэ езы бынхэмрэ я зэхущытыкIэхэм тегъэпсэлъыхьын.

Адэ-анэхэм теухуа псалъэжьхэр.

Нап.73-76.

Нап. 73-76.

20.12

 

32

Зэныбжьэгъу-гъэмрэ гущIэгъунша-гъэмрэ. Губзыгъагъэр. Къэзэнокъуэ Жэбагъы «Сыт губзыгъэ жыхуаIэр»

1

Зэныбжьэгъугъэм и мыхьэнэмрэ гущIэгъуншагъэр зэрыикIагъэмрэ  теухуауэ еджакIуэхэм къагурыIуэр нэъ куу щIын. Прозэу тхам къеджэнымрэ текстыр зэпкърыхынымрэ ехьэлIауэ яхузэфIэкIым хэгъэхъуэн.

Хъыбарым зэпадзыжу егъэджэн.план зэхэлъхьам тету къыжегъэIэжын.

 

Нап. 77-78.

Нап. 77-78.

25.12

 

Си Хэку

33

Лъэпкъым и тхыдэ. Нэгумэ Шорэ «Ижь зэманым адыгэхэм я псэукIар»

1

Адыгэ лъэпкъым и псэукIам, абы и тхыдэм къихъуа Iуэхугъуэ инхэм ящыщхэм щыгъуазэ щIын. Я бзэм, я къеджэкIэм зегъэужьын.

Адыгэ лъэпъкым и тхыдэм теухуа хъыбар ящIэхэр къыжегъэIэн.

Адыгэ лъэпкъым и тхыдэр къызыхэщ тхыгъэхэр, тхылъхэр.

Нап. 79-82.

Нап. 79-82.

27.12

 

34

Лъэпкъым и тхыдэ. Хьэх Сэфарбий «Дэшхуей тхьэмпэ»

1

Адыгэ лъэпкъыр и фащэмкIэ, и хабзэ дахэхэмкIэ къызэрыхэщыр ящIэн.

Тхыгъэр Iыхьищу гуэшын, псалъащхьэ зырыз яхуэщIын. Хэчыхьауэ планым тету къеджэн. Тхыгъэм жьэрыIуатэ сурэт хуэщIын.

Хэкум теухуа псалъэжьхэр.

Нап. 83-84.

Нап. 83-84.

15.01

 

35

Зыщалъхуа Хэку. Дыгъужь Къурмэн «Кърухэр»

1

ЕджакIуэхэм Хэкум хуаIэ фIылъагъуныгъэр къэхутэн, ар егъэфIэкIуэн.

Усэр гукIэ къыжегъэIэн. УпщIэхэм жэуап усэ сатырхэмкIэ ирегъэтын.

Хэкум теухуа псалъэжьхэр.

Нап. 85.

Нап. 85 (гукIэ).

17.01

 

36

Анэдэлъху-бзэм и къарур. Бозий Лудин «Хъерлы зыгъэпIей-тейр»

1

Анэдэлъхубзэм хуаIэ фIылъагъуныгъэр егъэфIэкIуэн. Уи бзэм уепцIыжмэ, уи псэм уепцIыжу зэрыщытыр ящIэн. Тхыгъэм  Iуэхугъуэ нэхъыщхьэу хэлъыр къэхутэн.

Хэкум теухуауэ яджар къызэщIэкъуэжын.

Бзэм теухуа псалъэжьхэр, тхыгъэхэр.

Нап. 86-89.

Нап. 86-89.

22.01

 

Гъатхэ

37

Гъэм и лъэхъэнэхэр. Гъатхэм фыкIэлъыплъ

1

Гъатхэм дунейм игъуэт щытыкIэхэмрэ дыкъэзыухъуреихь денейм зэрызихъуэжымрэ ящIэн. Бзэм зегъэужьын.

Гъатхэм иIэ зэхъуэкIыныгъэхэм кIэлъыплъын. ЖьэрыIуатэ сочиненэ.

Гъатхэ сурэтхэр. Гъатхэм теухуа нэщэнэхэр.

Нап. 90-91.

Нап. 90-91.

24.01

 

38

Гъэм и лъэхъэнэхэр. Щоджэн-цIыкIу Iэдэм «Гъатхэ теплъэгъуэ-хэр»

1

Гъатхэм и теплъэгъуэхэм теухуауэ ящIэм хэгъэхъуэн.

Гъатхэм теухуа сочиненэ егъэтхын.

«Гъатхэ» сурэт. Гъатхэм теухуа псалъэжьхэр.

Нап.92.

Нап. 92.

29.01

 

39

Гъэрэ щIырэ щызэхэкI лъэхъэнэ. Тхьэгъэзит Зубер «Гъэрэ щIырэ»

1

Гъэм и лъэхъэнэхэм еджакIуэхэр зэрыщыгъуазэм зегъэубгъун. Усэм къиIуатэм теухуа жьэрыIуатэ сурэт егъэщIын.

Усэр гукIэ къыжыIэн.

Гъатхэм теухуа нэщэнэхэр, псалъэжьхэр.

Нап. 93-94.

Нап. 93-94 (гукIэ).

31.01

 

40

Гъэм и лъэхъэнэхэр. Нало Заур «Гъатхэ»

1

Гъатхэм и дахагъэр зэрызэхащIэр нэхъ куу щIын. Къеджэнымрэ зэпкърыхынымрэ яхузэфIэкIхэм хэгъэхъуэн.

УпщIэхэм жэуап ирегъэтын. СурэтымкIэ гъатхэм тепсэлъыхьын.

Гъатхэм теухуа нэщэнэхэр, къуажэхьхэр.

Нап. 94-97.

Нап. 94-97.

05.02

 

41

Гъатхэм къэкIыгъэхэр. Мэзым, жыг хадэм фытепсэлъыхь

1

Гъатхэм мэзым, жыг хадэм зэхъуэкIыныгъэ яIэхэм кIэлъыплъыфу, тепсэлъыхьыфу есэн.

Планыр къэгъэсэбэпурэ рассказ зэхэлъхьэн.

«Гъатхэр мэзым, жыг хадэм» сурэт.

Нап. 98.

Нап. 98.

07.02

 

42

Бзэм зегъэужьын. Сочиненэ «Гъатхэ»

1

Дунейм гъатхэм зэхъуэкIыныгъэ иIэхэм кIэлъыплъыфу, тепсэлъыхьыфу есэн.

УпщIэхэр, зыплъыхьакIуэ зэрыщыIар къэгъэсэбэпурэ планымкIэ сочиненэ тхын.

Гъатхэм теухуа сурэт.

Нап. 98-99. Гъатхэм теухуа сочиненэ тхын.

Нап. 98-99.

12.02

 

43

ФIыуэ феджауэ пIэрэ?

1

Гъатхэм теухуауэ ящIэр егъэбыдылIэн. Гъатхэм теухуауэ упщIэхэм бзэ къабзэкIэ жэуап тэмэм етын.

ПсалъэкIэ сурэт щIыурэ гъатхэм и дахагъэм тепсэлъыхьын.

Гъатхэ сруэтхэр. Гъатхэм теухуа нэщэнэхэр, псалъэжьхэр, къуажэхьхэр.

Нап. 99.

Нап. 99.

14.02

 

Гъэунэхуныгъэ инхэм я зэман

44

Зауэм и гуауэр. КIыщокъуэ Алим «Жыр пыIэ»

1

Зауэм къишэ гуауэр зэхэщIэн. Зауэм гум имыкIыж гуауэ ин цIыхухэм къазэрыхуихьар ящIэн. Усэм къиIуатэр я псалъэкIэ зэрыжаIэжыфым зегъэужьын.

Бий бзаджэм утекIуэныр, зауэр увыIэныр зэрызэхащIэр къэхутэн.

Зауэм теухуа сурэтхэр, тхылъхэр, псалъэжьхэр.

Нап. 100-101.

Нап. 100-101.

19.02

 

45

Хэкур хъумэн. Нало Заур «Бжьыхьэ мэзым къыщыхъуар»

1

Зауэ лъэхъэнэм балигъхэм ядэIэпыкъукIэрэ сабийхэм я Хэкур зэрахъумэжар ящIэн. Рассказым щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр къэхутэн.

Къуажэм щыщу зауэ лъэхъэнэм балигъхэм щIэгъэкъуэн яхуэхъуа сабийхэр къэхутэн, тепсэлъыхьын. Планыр къэдгъэсэбэпурэ хэчыхьауэ тхыгъэм къеджэн.

Зауэм теухуа сурэт.

Нап. 101-104.

Нап. 101-104.

21.02

 

46

Мыкласс еджэныгъэ. Лъэпкъым я зэныбжьэгъу-ныгъэ, гуапагъэр. Щомахуэ Амырхъан «Мишэ и анэр къигъуэты-жащ»

1

Лъэпкъ зэхуэмыдэхэм зауэ лъэхъэнэм яку дэлъа зэныбжьэгъуныгъэр ящIэн. Тхыгъэм къиIуатэр къызэрыжаIэжын план зэхегъэлъхьэн, абы тетуи рассказыр къэIуэтэжын.

ПсалъэкIэ сурэт щIын, тепсэлъыхьын.

Зауэм теухуа сурэтхэр, псалъэжьхэр.

Нап. 104-108.

Нап. 104-108.

26.02

 

47

Зауэр хьэзаб инщ. Бозий Лудин «Лонэ и зы махуэ»

1

«ЗауэфIрэ дауэфIрэ щыIэкъым» адыгэ псалъэжьым и мыхьэнэр, зауэр гущIэгъуншэу зэрыщытыр ящIэн. КъеджэкIэмрэ къыжыIэжыкIэмрэ зегъэужьын. Рассказым щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр къэхутэн.

Рассказыр еджакIуэхэм план хуагъэувам тету къыжаIэжын.

Зауэм теухуа сурэтхэр.

Нап. 108-112.

Нап. 108-112.

28.02

 

48

ТекIуэныгъэ. Тхьэгъэзит Зубер «Уэ дыгъэу удиIэщ»

1

ЕджакIуэхэм ди дзэм хуаIэ зыхэщIэфIыр нэхъ куу щIын, абы и лъэщагъым дызэрыригушхуэр, дызэрырипагэр ящIэн. Усэм и гупсысэ нэхъыщхьэхэр къэхутэн, къеджэкIэмрэ зэпкърыхыкIэмрэ егъэфIэкIуэн.

УпщIэхэм и жэуапхэр усэм къыхегъэджыкIын. Удихьэхыу усэм гукIэ къегъэджэн. Хэку зауэшхуэм теухуауэ къащIар къызэщIэкъуэжын.

Зауэм теухуауэ еджакIуэхэм ящIа сурэтхэр, къагъуэта пслаъэжьхэр.

Нап. 113-114.

Нап. 113-114.

05.03

 

Дыкъэзыухъуреихь дунейр

49

Дыкъэзыухъу-реихь дунейр хъумэн. Къагъырмэс Борис «Жыг лъэдакъэ»

1

Дыкъэзыухъуреихь дунейр хъумэн зэрыхуейр ящIэн.

ЕджакIуэхэм дыкъэзыухъуреихь дунейр зэрахъумэм тегъэпсэлъыхьын.

Жыг сурэт. Дыкъэзыухъуреихь дунейм теухуа тхыгъэхэр.

Нап. 115-116.

Нап. 115-116.

07.03

 

50

Мыкласс еджэныгъэ. Дунеягъэр хъумэн. Хьэх Сэфарбий «Мэзым»

1

Жыгхэм я гъащIэмрэ я мыхьэнэмрэ ящIэн. Мэзым и гъащIэр цIыху гъащIэм ехьэлIэн.

Рассказым еджакIуэхэм план хузэхалъхьамкIэ къаIуэтэжын.

Мэз сурэт.

Нап. 116-119.

Нап. 116-119.

12.03

 

51

Дунеягъэр хъумэн. ГъукIэлI Исуф «Дадэ»

1

Дунеягъэр фIыуэ лъагъуным, ар хъумэным, егъэфIэкIуэным я гупсысэр ешэлIэн.

Рассказым хуэунэтIа упщIэхэм жэуап ирегъэтын.

Удз хъущхъуэхэр зыдэлъ гербарий.

Нап. 119-123.

Нап. 119-123.

14.03

 

52

Дунеягъэр хъумэн. Гъубжокъуэ Лиуан «ПцIащхъуэ»

1

Дыкъэзыухъуреихь дунейм яIэ хущытыкIэр егъэфIэкIуэн. Рассказым хэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр наIуэ къэщIын.

Рассказым къыщыхъуа Iуэхугъуэм ещхьу гъащIэм къыщыхъуа гуэр тхыгъэ кIэщIкIэ къаIуэтэн.

Дыкъэзыухъуреихь дунейм теухуа сурэт.

Нап. 124-127.

Нап. 124-127.

19.03

 

53

Дунеягъэр хъумэн. КIуантIэ Iэзид «Мыр зеиншэщ»

1

Псэущхьэхэм хуаIэ гуапагъэр, гу щабагъыр нэхъ куу щIын. Рассказым и гупсысэ нэхъыщхьэр къэхутэн.

Рассказым еджакIуэхэм план ягъэувам тету хэчыхьауэ къегъэджэн.

Дыкъэзыухъуреихь дунейр къызэрыщ сурэт.

Нап. 127-131.

Нап. 127-131.

21.03

 

54

Мыкласс еджэныгъэ. Дунеягъэр хъумэн. Елмэс Iэулэдин «Губгъуэ гуэгуш»

1

Губгъуэ псэущхьэхэр хъуэмэным, аыбхэм мыхьэнэ яIэм щыгъуазэ щIын. УпщIэхэмкIэ зэпкърыхын, къиIуатэр къыжыIэжын.

 

Рассказыр планым тету къэIуэтэжын, я гур зыгъэпIейтеямрэ зыгъэмэмырыжамрэ зэхуаIуатэжын.

Губгъуэ гуэгушым и сурэт.

Нап. 131-134.

Нап. 131-134.

02.04

 

55

Дунеягъэр хъумэн. ШэджыхьэщIэ Хьэмыщэ «КIэпхъ»

1

Хуабагъэрэ фIылъагъуныгъэрэ псэущхьэхэм хуаIэным я гур къыхуэгъэушын.

Рассказыр убгъуауэ къэIуэтэжын.

КIэпхъ сурэт.

Нап. 134-138.

Нап. 134-138.

04.04

 

56

Псэущхьэхэм я зэхущытыкIэр. Къэрдэнгъущ Зырамыку «КIэбышэмрэ дыгъужьы-мрэ»

ФIIыуэ феджау пIэрэ?

1

Унэ псэущхьэхэм я псэукIэм хащIыкIым хэгъэхъуэн.

Дунеягъэр хъумэнымкIэ къащIар къызэщIэкъуэжын. КъэIуэтэжыкIэмрэ бзэмрэ зегъэужьын.

Дыкъэзыухъуреихь дунейр рассказым къызэрыщыгъэлъэ-гъуар къэIуэтэн. Рассказым жьэрыIуатэу сурэт хуэщIын. Рассказым хэчыхьауэ къеджэн.

 

Нап. 138-142.

Нап. 138-142.

09.04

 

57

Бзэм зегъэужьын. Сочиненэ «Сэ ф1ыуэ слъагъу псэущхьэ.»

 

Рассказым и кIэухыр къагъэсэбэпурэ текст тэмэм зэхалъхьэфу есэн.

Рассказым и кIэухыр.

 

Нап. 143. Рассказым и кIэухымкIэ сочиненэ тхын.

Нап. 143.

11.04

 

Лэжьыгъэм цIыхур егъэбжьыфIэ

58

НэхъыжьыфI-хэм я хъуэпсапIэ. КIыщокъуэ Алим «Къуэ»

1

НэхъыжьыфIыр быным, быным и быныжхэм фIыкIэ зэрахуэупсэр ящIэн. Усэм щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр наIуэ щIын.

ЦIыхур зыгъэинымрэ ар цIэрыIуэ зыщIымрэ усэм къызэрыхэщыр къэIуэтэн.

Нэхъыжьым и псалъэхэм епхауэ хужыпIэ хъуну псалъэжьхэр.

Нап. 144-145.

Нап. 144-145.

16.04

 

59

Лэжьыгъэм цIыхур егъэлъапIэ. Хъыбар «Лэжьыгъэм емыкIу хэлъкъым»

1

Дэтхэнэ зы лэжьыгъэми пщIэ хуащIу, фIыуэ ялъагъуу къэтэджын. Хъыбарым щIэлъ гупсысэ нэхъыщхьэр наIуэ щIын, ар зэпкърыхын.

 

Жэбагъы и губзыгъагъэр, и Iущагъыр къэIутэн. Хъыбарыр дэгъэхуа щIагъуэ щымыIэу къыжыIэжын.

Жэбагъы и псалъэ Iущхэр.

Нап. 146-147.

Нап. 146-147.

18.04

 

60

Лэжьыгъэм и пщIэр. Нало Заур «УдзгъэкI»

1

ГъащIэр зытезыIыгъэр лэжьыгъэр ару зэрыщытыр зэхащIэнымкIэ дэIэпыкъуэгъу хъун. Усэм и къеджэкIэмрэ зэпкърыхыкIэмрэ егъэфIэкIуэн.

 

Удз дахэхэу зыщыгъуазэхэр еджакIуэхэм кърегъэбжэкIын, абыхэм щыщу пэшым щагъэкIхэр къыжаIэн. Усэм гукIэ къеджэн.

Удз лIэужьыгъуэхэр, абыхэм я цIэхэр.

Нап. 148-149.

Нап. 148-149 (гукIэ).

23.04

 

61

Космос. Щомахуэ Амырхъан «Космос»

1

Ди цIыхIубэм и гъащIэр лIыхъужьыгъэ защIэу зэрыщытыр ящIэн. Хэчыхьауэ къеджэурэ текстыр зэпкърыхын.

«Ди цIыхубэм и гъащIэр лIыхъужьыгъэ защIэщ» гупсысэр зэпкъырыхан.

 

Нап. 149-152.

Нап. 149-152.

25.04

 

Хабзэм щыщхэр

62

Хабзэ. Адыгэ фIэхъусхэр

1

ФIэхъусхэр, хъуэхъухэр IуэрыIуатэм и пкъыгъуэу зэрыщы-тыр, фIэхъускIэ, хъуэхъукIэ цIыхухэм зэрыхуэупсэр ящIэн. Бзэ къабзэкIэ хъуэхъуэфу егъэсэн.

ФIэхъус, хъуэхъу ящIэхэмкIэ зэпегъэуэн.

ФIэхъусхэр, хъуэхъухэр.

Нап. 153-154.

Нап. 153-154.

30.04

 

63

Iэубыд сэламхэр

1

Сэламыр гуапагъэу зэрыщытыр ящIэн. Бзэ къабзэкIэ сэлам хыкIэ ящIэхэр жыIэн.

Сэлам хыкIэхэмкIэ зэпегъэуэн.

Сэлам хыкIэхэр.

Нап. 154-155.

Нап. 154-155.

02.05

 

64

Мыкласс еджэныгъэ. Хабзэ. ХьэщIэм хуэгъэза хабзэхэр

1

ХьэщIэм хуэгъэза адыгэ хабзэфIхэр ящIэн. Бзэ къабзэкIэ  тегъэпсэлъыхьын.

ХьэщIэм хуэгъэза хабзэхэу щыIэр нэхъыжьхэм еупщIкIэрэ къегъэщIэн.

ХьэщIэм хуэгъэза хабзэхэр. Псалъэжьхэр.

Нап. 155-157.

Нап. 155-157.

07.05

 

Гъэмахуэ

65

Гъэм и зэманхэр. КIыщокъуэ Алим «Гъэмахуэ уэшх»

1

Дунейм и къэхъукъащIэхэмрэ ахэр цIыхум къызэрыщыхъумрэ еджакIуэхэр зэрыщыгъуазэм хэгъэхъуэн.

Усэм сурэт хуэщIын. Усэм хэт зэгъэпщэныгъэхэр къэгъуэтын. Уэшхым сэбэпынангъыу иIэр къегъэIуэтэн.

Дунейм и къэхъукъащIэ-хэм щыщ къызыхэщ сурэт.

Нап. 158-160.

Нап. 158-160.

14.05

 

66

Гъэм и зэманхэр. Нало Заур «Уэшх», Ацкъан Руслан «Мэгъуагъуэ уафэр»

1

Дунейм и къэхъукъащIэхэм теухуауэ еджакIуэхэм ящIэм хэгъэхъуэн. Усэ къеджэкIэр, зэпкърыхыкIэр егъэфIэкIуэн.

Дунейм и къэхъукъащIэу еджакIуэхэм ящIэр къэхутэн.

Нап. 160-161.

Нап. 160-161.

16.05

 

67

Гъэм и зэманхэр. Тхьэмокъуэ Барасбий «Гъэмахуэ»

1

Гъэм и зэманхэм щыщу гъэмахуэм теухуауэ еджакIуэхэм ящIэм хэгъэхъуэн.

Гъэмахуэм дунейм и щытыкIэр, гъэмахуэ лэжьыгъэхэр зэращIэр къэхутэн.

Гъэмахуэ сурэт.

Нап. 162-163.

Нап. 162-163.

23.05

 

68

Гъэм и зэманхэр. Сонэ Абдулчэрим «Пшэ цIыкIу»

1

Уэшхыр къыздикIыр ящIэн.

Ушхыр къыздикIым теухуа рассказ.

Пшэ зэмыщхьхэм теухуа сурэт.

Нап. 163-164.

Нап. 163-164.

28.05

 

 

 

Просмотрено: 0%
Просмотрено: 0%
Скачать материал
Скачать материал "Рабочая программа по кабардинской литературе"

Методические разработки к Вашему уроку:

Получите новую специальность за 3 месяца

Руководитель научной организации

Получите профессию

Секретарь-администратор

за 6 месяцев

Пройти курс

Рабочие листы
к вашим урокам

Скачать

Скачать материал

Найдите материал к любому уроку, указав свой предмет (категорию), класс, учебник и тему:

6 654 299 материалов в базе

Скачать материал

Другие материалы

Вам будут интересны эти курсы:

Оставьте свой комментарий

Авторизуйтесь, чтобы задавать вопросы.

  • Скачать материал
    • 29.01.2016 2470
    • DOCX 187.5 кбайт
    • Оцените материал:
  • Настоящий материал опубликован пользователем Закураева Мария Николаевна. Инфоурок является информационным посредником и предоставляет пользователям возможность размещать на сайте методические материалы. Всю ответственность за опубликованные материалы, содержащиеся в них сведения, а также за соблюдение авторских прав несут пользователи, загрузившие материал на сайт

    Если Вы считаете, что материал нарушает авторские права либо по каким-то другим причинам должен быть удален с сайта, Вы можете оставить жалобу на материал.

    Удалить материал
  • Автор материала

    Закураева Мария Николаевна
    Закураева Мария Николаевна
    • На сайте: 8 лет и 3 месяца
    • Подписчики: 0
    • Всего просмотров: 6815
    • Всего материалов: 5

Ваша скидка на курсы

40%
Скидка для нового слушателя. Войдите на сайт, чтобы применить скидку к любому курсу
Курсы со скидкой

Курс профессиональной переподготовки

HR-менеджер

Специалист по управлению персоналом (HR- менеджер)

500/1000 ч.

Подать заявку О курсе

Курс профессиональной переподготовки

Подготовка детей к школьному обучению в условиях вариативного дошкольного образования и реализации ФГОС НОО

Учитель по подготовке к школе (педагог)

300/600 ч.

от 7900 руб. от 3950 руб.
Подать заявку О курсе
  • Сейчас обучается 306 человек из 60 регионов
  • Этот курс уже прошли 610 человек

Курс повышения квалификации

Проективные методики в начальной школе в соответствии с ФГОС

72/144/180 ч.

от 2200 руб. от 1100 руб.
Подать заявку О курсе
  • Сейчас обучается 58 человек из 26 регионов
  • Этот курс уже прошли 450 человек

Курс повышения квалификации

Психолого-педагогические аспекты развития мотивации учебной деятельности на уроках по русскому языку у младших школьников в рамках реализации ФГОС НОО

72 ч. — 180 ч.

от 2200 руб. от 1100 руб.
Подать заявку О курсе
  • Сейчас обучается 46 человек из 26 регионов
  • Этот курс уже прошли 478 человек

Мини-курс

GR-технологии и взаимодействие с СМИ

2 ч.

780 руб. 390 руб.
Подать заявку О курсе

Мини-курс

Анализ эффективности проектов

4 ч.

780 руб. 390 руб.
Подать заявку О курсе

Мини-курс

Современные инструменты инвестирования и управления затратами

4 ч.

780 руб. 390 руб.
Подать заявку О курсе