Урок№37 Каб-яз 1класс
20.01.2015г
Темэр: Макъ к, хьэрфхэу К, к-хэр. Нап.
60.
Дызыпэплъэ ехъулIэныгъэхэр:
Макъ к,
хьэрфхэу К, к-хэр егъэц1ыхун.Хьэрф зэрыбымрэ 1эрытхымрэ зэхагъэк1ыфын.1эрытхым
къыщыхьа дымыгъэр ятхыфын. Зыр зым дэ1эпыкъуу лэжьэным хуэгъэсэн, зэхэщ1ык1ым
зегъэужьын. Еджэныгъэм, тхэным гупыж хуегъэщ1ын.
Мурадыр: Яджа хьэрфыр зыхэт пычыгъуэр,
псалъэ егъэтхын, хьэрф к-р зыхэт псалъэхэм къеджэфу егъэсэн.
Урокыр
зэрек1уэк1ыр:
1.Урокым хуэгъэхьэзырын. 2.Зэджахэм
къытрагъэзэжын:
-Ди
бзэр дауэ зэхэт? -Псалъэухар? - Псалъэр? -Пычыгъуэр? -Сыт хуэдэ макъхэр
фщ1эрэ? (Макъзешэхэр, макъ дэк1уашэхэр.)
1)Зыщ1эдэ1у ик1и ялъагъу псалъэхэм яхэтын
хуей макъхэр къагъэлъагъуэ: 1у…щхьэ(а)- 1…щхьэ(э)
Макъ к-р къыхагъэщхьэхук1. Псалъэк1эм
, псалъэкум , псалъэпэм; псалъэухам:Камиллэ, ракетэ, ашык.
Камиллэ япэ классым щ1эсщ.Псалъэухар зэпкърыхын. (Псалъипл1 мэхъу, япэр,
ет1уанэр, ещанэр, епл1анэр.К-зыхэт псалъэхэр къахутэ, пычыгъуэ бжыгъэр къыжа1э,япэ
пычыгъуэр, ет1уанэ пычыгъуэр.Япэ пычыгъуэм макъзешэ а хэтщ, абы и пэм к
итщ.Мыр шэщ1ауэ къэппсэлъ хъуркъым, макъ дэк1уашэ дэгущ.
4.Физминуткэ егъэк1уэк1ын: Я 1эпкълъэпкъым зегъэужьын:
Мыщэжь. Пщыхьэщlэ
Хьэмзэт
…Къэушащ,мэкlий,мэгъуахъуэ,
Жиlэ хуэдэщ:"Фо къивгъахъуэ,
Мазищ енкlэ семышха,
Мазищ енкlэ
семыфа...!"
5.
Пычыгъуэхэм къегъэджэн:ка, кы, ке, ки. Пычыгъуэхэмрэ макъхэмрэ
зэралъыт:кааа,
кыыы,киии,
кеее.
Хьэрфыщ1эхэм
щыгъэгъуэзэн:
К,к.(К,к.) Пычыгъуэхэмрэ псалъэхэмрэ къегъэджэн.
1)Макъ к-р псалъэ зэхуэмыдэхэм къыхагъэщхьэхунк1ыу егъэсэным елэжьын. Словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын.
2) Макъ к-мрэ, хьэрф К,к-хэмрэ щыгъэгъуэзэн, пычыгъуэщ1эхэри схемэхэмк1э зэхегъэлъхьэн.
Пычыгъуэ дапщэу зэхэт мы псалъэхэр?
6.Тхылъымк1э гъэлэжьэн. Нап. 60 ит къехыгъуэхэм къеджэн. Бзэм зезыгъэужь лэжьыгъэхэм гу
лъытэжын.Схемэм хуэк1уэ псалъэм къоджэхэр.
Пычыгъуэк1э гуэшын, к-р щхьэхуэу къапсэлъыж,
макъыр къыхагъэщхьэхук1ын. Рассказым хэт псалъэуха къэс зы еджак1уэ къоджэ. Упщ1эхэмк1э
зэпкърыхыжын. Словарнэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын.
7 .Урокым ялэжьар къызэщ1экъуэжын.
Оставьте свой комментарий
Авторизуйтесь, чтобы задавать вопросы.