Темэр:
Псалъэухам и пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъухэр.
Мурадыр:
1.Псалъэ
зэлъэпкъэгъукIэ зэджэр ягурыгъэIуэн,псалъэухам хэт псалъэ
зэлъэпкъэгъухэр къагъуэтыфу, хуэфэщэн нагъыщэ ягъэувыфу гъэсэн.
2.Псалъэр
зэхъуэкIа зэрыхъу Iыхьэхэмрэ псалъэщIэ къызэрыхъу Iыхьэхэмрэ къэпщытэжын, псалъэпкъыр
къагъуэтыфу гъэсэн.
3.ЕджакIуэхэм я бзэм зегъэужьын.
4.КъызыхэкIа лъэпкъым теухуауэ ящIэм хэгъэхъуэн.
ЕхьэлIапхъэ: мэзым щыпсэу псэущхьэхэм, жыгхэм, бзухэм
я сурэт, ахэм я фIэщыгъэцIэхэр зытет карточкэхэр, компьютернэ
презентацэ, адыгэ фащэ, адыгэ бзылъхугъэхэм дыщэ, дыжьын IуданэкIэ гъэщIэрэщIа хьэпшып зэмылIэужьыгъуэхэр, адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэр.
Урокым и екIуэкIыкIэр.
1.Унэ
лэжьыгъэр къэпщытэжын.
Егъ.:
Мы псалъитIым фыкъеджи, зэщхьу хэт Iыхьэр къэвгъуэт:
Iэпкълъэпкъ
псалъэпкъ
(Зы
еджакIуэм псалъалъэр иретри «пкъы»
псалъэм и мыхьэнэр къыщигъуэтыну къалэн щещI. АпщIондэху классым ядолажьэ.)
-Фэ
дауэ къывгурыIуэрэ «пкъы» псалъэм къикIыр?
Едж.:
Пкъы – пхъэщхьэмыщхьэм, пхъэгулъым и кум илъ жиIэу аращ.
(ЭкранымкIэ сурэтхэр егъэлъагъун).
Псалъэм
папщIэ: «КупщIэ IэфI зэрылъ абрикосым ипкъхэр
дзэкIэ зэтригъэпкIыу Хъуэжэ жьауэм щIэст».
-Сыт
хуэдэ пхъэщхьэмыщхьэхэм яIэ пкъы?
-Сыт
хуэдэ мыхьэнэ иIэ пкъым?
Пкъы-
цIыхум и Iэпкълъэпкъ, псалъэм папщIэ, «зи пкъыр зэрымыубыда»- зи ныбжь нэмыса, балигъ мыхъуа, жиIэу аращ.
-Языныкъуэхэм
зэзэмызэ вжызоIэ: «Сыту упкъымызагъэ»,- жызоIэри. Дауэ къывгурыIуэрэ а псалъэхэр?
Едж.:
Ар егъэлеяуэ цIыху псынщIэ, тетIысхьэпIэ зимыIэ жиIэу аращ.
Егъ.:
Сыт иджыри пкъы зиIэр?
Едж.:
Жыгым, къэкIыгъэхэм. Абы жыгым и
къудамэхэр, тхьэмпэхэр зэтреIыгъэ.
Егъ.:
Къэбгъуэта, Элдар, псалъэм и мыхьэнэр псалъалъэм къызэриIуатэр?
-Егъ.:
Пкъы- ухуэныгъэ гуэрым и Iыхьэ нэхъыщхьэ, ухуэныгъэр
зытезыIыгъэ. Псалъэм папщIэ: «Унэм ипкъыр щхьэ темылъу щытщ».
Егъ.:
АтIэ, цIыкIухэ, псалъэпкъыр зищIысыр сыт?
Едж.:
Ар псалъэм и Iыхьэ нэхъыщхьэщ. Псалъэр
зэхъуэкIа зэрыхъу Iыхьэхэр хэбгъэкIмэ, къанэ псалъэ Iыхьэм псалъэпкъкIэ йоджэ.
Егъ.:
Унэ лэжьыгъэу фиIащ лэжьыгъ 28-м псалъэ къыхэгъэбелджылыкIахэм псалъэпкъыр къыщывгъуэтыну.
(Лэжьыгъэм
къегъэджэн. )
Доскам
итщ: мэзым кIэпхъыр
блэлъэтащ блэцIэфтащ
(Гуп
зырызхэм щыщ еджакIуэ къыдишурэ зэпкъырегъэх).
Егъ.:
Псалъэпкъыр къэдгъуэтын щхьэкIэ сыт тщIэн хуейр?
Едж.:
Псалъэр зэрызэхэт пкъыгъуэхэмкIэ
зэпкъырытхын хуейщ.(Зэпкърех)
Егъ.:
Фигу къэвгъэкIыжыт тыншу псалъэ лъабжьэр
къызэрагъуэт Iэмалыр:
Едж.:
Ублэмылъэт, блэгъэлъэт, лъабжьэр –лъэт-.
Егъ.:
-щ, -т, -къым суффиксхэм сказуемагъ халъхьэу аращ, зэхъуэкIа зэрыхъу Iыхьэхэм ящыщщ.
Егъ.:
Псалъэпкъымрэ лъабжьэмрэ щызэтехуэ псалъэ яхэт?
Егъ.:
Я мыхьэнэкIэ дауэ зэщхьэщыкIрэ блэлъэтын, блэцIэфтын?
Едж.:
Блэлъэтын жиIэмэ, лъэтауэ зыгуэрым блэкIын жиIэу аращ, блэцIэфтын жиIэмэ, псынщIэ дыдэу и пащхьэм блэжын, жиIэу аращ.
2.
ТемэщIэм хэшэн.
Егъ.:
Мы сурэтым сыт щыфлъагъур?
Едж.:
Мэз.
Егъ.:
Иджыри лэжьыгъэ кIэрыдзэн фэстат унэм:
1
гупым: мэзым къыщыкI жыгхэр къырабжэкI псалъэуха зэхэфлъхьэну.
2
гупым: мэзым щыпсэу хьэкIэкхъуэкIэхэр къыщырабжэкI.
3 гупым:
мэзым щIэс бзухэр къыщырабжэкI.
Япэ
гупыр фыкъыдэкIи къыджефIэт, сыт хуэдэ жыг къыщыкIыр мэзым?
(-
сурэтыр фIадзэ;
-
псалъэр кIэралъхьэ;
-
псалъэухар и пкъыгъуэкIэ зэпкърах)
Егъ.:
КъырабжэкIыр псалъэухам и сыт хуэдэ пкъыгъуэ?
Егъ.:
Псори сыт хуэдэ упщIэ жэуап зыхуэхъур?
Егъ.:
Зэпхар сыт хуэдэ псалъэра?
Егъ.:
АтIэ, зэрымыщIэкIэ темэщIэм дыхыхьащ. Нобэ мис мыпхуэдэ
псалъэ кърабжэкIхэм дытепсэлъыхьыну аращ,
ахэм зэреджэр къэтщIэнущ.
Псалъэм
папщIэ, фыкъэтэджыт ЛIуп унэцIэр зезыхьэхэр. Унагъуэ зырыз фыкъыхэкIащ ауэ фызэблагъэ? Сыт щхьэкIэ?
Едж.:
Дызылъэпкъщи.
Егъ.:
Псалъэухам зэблагъэхэр къыщывгъуэтыт. Сыт ахэр щIызэблагъэр?
Едж.:
Зы лъэпкъ къыхэкIащи.
Егъ.:
Сыт а лъэпкъым и цIэр?
Едж.:
ЩыIэцIэ.
Егъ.:
Зы лъэпкъым къыхэкIащи, ахэр зэлъэпкъэгъущ, зы упщIэм жэуап хуохъу, зы псалъэм епхащ.
Арати,
апхуэдэ псалъэхэм зэреджэри къэтхутащ.
(ЕтIуанэ гупыр гъэлэжьэн.
Ещанэ
гупыр гъэлэжьэн)
Егъ.
АтIэ иджы сказуемэхэм зэлъэбжьэгъу
къыхуэдвгъэхьыт:
Жыгхэр
мэзым къыщокI, щогъагъэ.
ХьэкIэкхъуэкIэхэр мэзым щопсэу, щощакIуэ.
Бзухэмкъалъэтыхь,
уэрэд жаIэ, абгъуэ ящI.
3.ТемэщIэр егъэбыдылIэн.
Гуп
гупурэ гъэлэжьэн.
1
гупым лэжьыгъэ 29-р ягъэзащIэ.
2
гупым лэжьыгъэ 30-р ягъэзащIэ.
3
гупым лэжьыгъэ 31-р ягъэзащIэ.
Егъ.:
Псалъэухахэм псалъэухам и пкыгъуэ зэлъэпкъэгъухэр къыщывгъуэтын хуейщ,
нагъыщэхэр вгъэувыжыни хуейщ.
Егъ.:
Сыт хуэдэ псалъэхэра псалъэухам и пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъукIэ зэджэр?
Едж.:
КъырабжэкI псалъэхэр зы упщIэм жэуап хуэхъумэ, зы псалъэм епхамэ,
псалъэ зэлъэпкъэгъукIэ йоджэ, тхыгъэм зэпятойкIэ зэпэщIах.
Егъ.:
АтIэ, ди акъылкIэ дызыхуэкIуамрэ щIэныгъэлIхэм абы теухуауэ ятхымрэ
зэдвгъэгъапщэт.
(Правилэм
къегъэджэн.
4.
Зыгъэпсэхугъуэ дакъикъэ.
Си
нэ, си жьэ си пэ,
Си
тхьэкIумэ, ныбэ.
Си
лъэ, си щхьэ, си Iэ,
Сыту
куэд сэ сиIэ!
Егъ.:
ЦIэпапщIэхэр къэвгъуэтыт. Сыт хуэдэ щхьэ къагъэлъагъуэр?
ЩхьэкIэ зэдвгъэхъуэкIыт. (ЩхьэкIэ зырахъуэкIыурэ зыбжанэрэ жаIэ.)
5.
Тетрадымк1э гъэлэжьэн.
а)Къабзэу,
дахэу тхэ. Адыгэ Iэмэпсымэхэм я цIэхэр ятх.
Адыгэ
пшынэ, пхъэцIыч, шыкIэпшынэ, Iэпэпшынэ, бжьамий, бэрэбанэ.
(Псалъэуха
зэхегъэлъхьэн:
Сэ
сощIэ адыгэ макъамэ Iэмэпсымэхэу: пшынэ, шыкIэпшынэ, Iэпэпшынэ, пхъэцIыч, бжьамий, бэрэбанэ.
б)Псалъэухар
нэгъэсыж:
Пкъыгъуэ
зэлъэпкъэгъуу къэк1уэнк1э хъунущ подлежащэр, сказуемэр, псалъэухам и пкъыгъуэ
ет1уанэхэр.
в)Тхыгъэм
къегъэджэн, пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъухэр къегъэгъуэтын.
(Псалъэуха
зырызурэ экранным кърегъэдзэн, пкъыгъуэ зэлъэпкъэгъухэр къыхэгъэщын, еджакIуэхэм ятхар абы ирагъапщэ.)
(Текстым
ипкъ иту адыгэ бзылъхугъэхэм дыщэ дыжьы IуданэкIэ я щыгъынхэр зэрагъэщIэращIэу щытар егъэлъагъун, фащэ щыгъыу зы хъыджэбз цIыкIу къэгъэувын.
Текстым
елэжьын яуха иужь, сабийхэм къафэ кIэщI цIыкIу ягъэзащIэ.
Абы
и ужь зы еджакIуэ Щоджэн Леонид и усэ «Ди
Хэкур» жыхуиIэм къоджэ.)
Егъ.:
Нобэ ди зэдэлэжьэныгъэм мыпхуэдэ нэжэгужагъэ къызыритахэм фи Iэр ф1этыт ( сурэт цIыкIу ярегъэлъагъу). Мыпхуэдэу щыт къыфхэт?
Егъ.:
Тхьэм фигъэпсэу. Нобэ псори фIы дыдэу
фылэжьащ. Нобэ ди есэпыр къыдэхъулIэнымкIэ псом хуэиыдэу хущIэкъуащ … . Ахэм 5 яхузогъэув.
Оставьте свой комментарий
Авторизуйтесь, чтобы задавать вопросы.