Классщ1ыб еджэныгъэ
10-нэ классым
К1ыщокъуэ Алим
«Си анэ дыщэуэ,си дыщэ к1анэ»
Зыгъэхьэзырар:
Шордакъ курыт школым
адыгэбзэмрэ литературэмк1э
и егъэджак1уэ Татрокъуэ Хъ.
Слайд №1
Темэ: «Си анэ дыщэуэ, си дыщэ к1анэ»
Слайд№2
Мурадхэр:
К1ыщокъуэ Алим теухуауэ еджак1уэхэм я1э щ1эныгъэм хэгъэхъуэн;
Анэм быным хуи1э лъагъуныгъэм и къарумрэ щ1ыхьымрэ К1ыщокъуэ Алим и усэхэм къызэрыщыгъэлъэгъуар;
Анэмрэ бынымрэ я зэхущытык1э къабзэр, ар хъумэн зэрыхуейр еджак1уэхэм гурэ псэк1э зыхегъэщ1эн.
Урокыр зэрек1уэк1ынур.
Урокым и пэублэ.
Темэмрэ мурадымрэ щыгъуазэ щ1ын.
Слайд№3-8
Урок блэк1ахэм яджар къэпщытэжын.
1.К1ыщокъуэ Алим теухуа псалъэзэблэдз.
Упщ1эхэр:1.К1ыщокъуэ Алим и къуажэгъу, «Л1ыжь хъыбархэр» тхылъыр зи 1эдакъэщ1эк1 тхак1уэ.
2.Зауэ зэманым Алим ныбжьэгъу пэж къыхуэхъуа усак1уэм и ц1эр.
3.Алим и адэц1эр.
4. Алим и 1устазу щыта усак1уэ.
5.К1ыщокъуэр къыщалъхуа къуажэр.
6.Усак1уэм и япэ тхылъ «Бгы ……деж»
Жэуапхэр пэжмэ, къехыу фыкъеджэнущ Алим и унэц1эм.
-
1.
К1
э
р
э
ф
2.
Къ
а
й
с
ы
н
3.
П
щ
ы
м
а
ху
э
4.
Щ
о
дж
э
н
щ1
ы
к1у
4.
Щ
хь
э
л
ы
къу
э
5.
лъ
а
п
э
х
э
м
Слайд№9
2.Усэ сатырхэр и к1эм нэгъэсын.
Псэуну гъащ1э зыхуэфащэр
Мыувы1эу (к1уэхэр аркъудейщ).
***
Насып жыхуа1эр уэ зэгъащ1э
Насып (щ1экъуныр-арщ насыпыр)
***
Ф1ым хущ1экъуу ц1ыхур псэумэ,
Арщ ( псэунур псэук1аф1эу)
***
Абы шырыкъур сэ нэсхьэсмэ,
Ар сщыгъыу (сщ1ынущ ислъэмей).
Слайд№10
3.Мы усэхэр зыхуитхар хэт?
Усэ къарук1э бийр бгъэсу
Лъагъуэ насыпым хуэпщ1ат,
Уигу щыплъэм уи 1эр нэмысу
Хэщ1ап1э дэнэ щыпщ1а?
( Щоджэнц1ык1у Алий)
Слайд№11
Уи усэр ящ1э Дагъыстаным,
Уи ц1э щра1уэ Индие дыдэм.
Пхуэдэ щымы1эу ушу ябгэщ,
Уи къамэр мазэу пшэм холыдэ.
«Расул Гамзатов къысхуитхам и жэуап»
Слайд№12
Къыщыхъум зауэ, дист зы абгъуи,
Зы гъуэгу дэ т1ури дытехьащ.
Дыкъащтэу тщ1акъым зыми к1эбгъуи,
Гугъуехь тхуэфащэр т1ууми тхьащ.
«Кулиев Къайсын»
Слайд№13
Нэгумэ Шорэ хъыбар мащ1э
И жьэгу удэсу уигъэщ1а?
Исмэхьил-Беик1 к1эщ1т и гъащ1эр,
Арщхьа ц1эры1уэ уэрщ зыщ1ар.
«Лермонтов»
Слайд№14
Уи нэпсхэр зэпе1эу,
Уигу щабэр къолъэт.
Шыпхъу ц1ык1ухэм яжо1эр:
«Хэт къак1уэр? К1уэт, плъэт!»
Уи нак1эу зэлъахэм
Нэпс тезу лъэр йощ1.
«Уигу,си анэ,сыкъэк1мэ»
Темэщ1эр етын.
Слайд №15
Егъэджак1уэм и псалъэ.
Нобэрей урокым дызытепсэлъыхьынур ди усак1уэшхуэ, ди тхак1уэ гъуэзэджэ К1ыщокъуэ Алим анэм теухуауэ итха усэхэрщ. Алим и мащ1экъым ф1ыщэу илъагъу и анэм папщ1э итха усэхэр. Усак1уэм зэритхыжымк1э, и анэ Куэз куэду ц1ыху хьэлэмэту щытащ. Ар и адэ Пщымахуэ къришат Адыгейм щыщ Хьэкуринэхьэблэ къуажэм. Куэз ф1ыуэ ищ1эрт хъыбархэр, таурыхъхэр, къуажэхьхэр, уэрэдхэр. Абыхэм щ1ап1ык1а Алим иужьк1э итхыжащ: «Сэ усэбзэм и 1эф1ым сысабий щ1ык1э гу хуэсщ1амэ, таурыхъхэмрэ хъыбарыжьхэмрэ сыдахьэхамэ,ар зи ф1ыщ1эр си анэрщ».
Слайд №16-17
К1ыщокъуэ Алим и анэм теухуа и гукъэк1ыжхэр.
Слайд №18
Алим и анэм жи1э гущэкъу уэрэдыр.
Слайд №19
Зауэ илъэсхэм усак1уэм и 1эдакъэ къыщ1эк1ащ «Си анэ», «Таурыхъ». «Щхьэгъубжэ нэху», «Уигу,си анэ,сыкъэк1мэ», «Умыгузавэ,си анэ» «Анэм и пщ1ыхьэп1э» усэхэр. Усэхэм языхэзми гупсысэ куу щ1элъщ. Анэм и лъагъуныгъэм и куууагъыр, и къабзагъэр, ар пэжым, захуагъэм, ц1ыхугъэм сыт щыгъуи зэрилъэныкъуэр, чэнджэщак1уэ 1ущу зэрыщытыр а усэхэм щыгъэлъэп1ащ.
Слайд №20
И бынхэм я пащхьэм анэм щигъэзащ1э къалэным и инагъыр «Уигу си анэ, сыкъэк1мэ» усэм Алим мыпхуэдэу къыщигъэлъэгъуащ:
Зауаер етащи,
Щ1ы щтари мэгыз,
Окопэу сыздисыр
Уэс къесым ессей,
А уаем сэ си гур
И1ыгъыу ехуз,
Уэ ф1ыуэ солъагъури,
Сыкъолыр,сопсэу.
Анэр зэрыхабзэщи, гу щабэщ, къуэм бэ1ут1э1уу къыпэщылъ псори абы и гущхьэм щегъэтк1у, абы 1эщ1ок1ри зэуап1эм щы1э щ1алэм хуожэ, зытриубгъуэу биишэм щихъумэн хьэзыру. Анэм и лъагъуныгъэм сэлэтым и къэлэныр нэхъри егъэтк1ий, зауэ 1энат1эм щымыбэлэрыгъыу егъэжан, ар л1ыгъэмрэ хахуагъэмрэ, напэмрэ щ1ыхьымрэ я уэчылщ.
Слайд №21
Усак1уэм къызэригъэлъагъуэмк1э,анэр хэк1ыркъым быным и бэлыхьым, абы куэд игу къегъэк1,ауэ зэик1 л1эныгъэ ирихьэл1эркъым, псэууэ къызэригъэзэжынум и гугъэ хихыжыркъым. Аращ «Анэм и пщ1ыхьэп1э» усэм вагъуэм и бгъэр щ1агъэнауэ и щ1алэр къыхуэк1уэжауэ анэр щ1епщ1ыхьыр:
Бий щхьиблу щ1алэм пиупщ1ахэм
И бжыгъэу вагъуэ бгъэм щолыд.
Ар плъэмэ-и къуэр къэк1уэжауэ
Вагъуиблу хэлъым дыщи хэтщ.
Нэхуап1эу къэсыжа и къуэр къыщхьэщытщ, арщхьэк1э анэм ар зэк1э и ф1эщ хъуркъым, игу
ирихьа пщ1ыхьэп1эм пищэн и мураду «щ1охъуэпс аргуэру жеижын».
Слайд №22
Ц1ыхугъэ лъагэк1э,гурыщ1э къабзэк1э псыхьащ анэм теухуа тхыгъэ псори. Ауэ щабагърэ гуапагъэк1э псоми йоф1эк1 «Си анэ» жыхуи1э усэр. Анэ лъагъуныгъэр къыдэ1эпыкъуурэ зауэм и бэлыхьым тек1уэфа сэлэтым къигъэзэжащи псалъэ нэхъ 1эф1 дыдэхэмк1э нэхъ лъап1э дыдэу щы1э ц1ыхум йобзэрабзэ, йодэхащ1э. Зыми хэмыгъуэщэн адыгэ нэщэнэхэр, псэм дыхьэ псэлъэк1эр къегъуэт усак1уэм:
Си гъунэгъуу къак1уи уэ къэт1ысыт,
Къащтэ дзасэр, лыпц1эр сэ згъэжьэнщ.
Сыт хуэдэ адыгэ нэщэнэ мыбдеж усак1уэм къигъэлъагъуэр?
Пэжщ, жьэгу пащхьэм дэсу лыр дзасэк1э гъэжьэныр адыгэхэм я зэхущытык1э гъунэгъур куууэ къэзы1уатэ нэщэнэхэм ящыщщ.
Слайд №23
Ижь-ижьыж лъандэрэ лъэпкъ куэдым анэм ирапхыу къогъуэгурык1э къарумрэ щ1ыхьымрэ. Нэхъ тк1ийуэ ар къыщо1у «Таурыхъ» усэм. «Бзаджагъэ» к1элъызэрихьэурэ анэм зэхегъэк1 щ1алэм и гупсысэмрэ и къарумрэ здынэсыр:
Бийм зэрипхъуащи уи унэр,-
Анэм ар же1э, - си щ1алэ,
Ущысп1а жьэгур маф1эншэщ,
Шэс зумы1эжьэу пщ1эгъуалэм.
Анэм и образыр мыбдежым «щыпхъащэщ», «щытк1ийщ». Ар зыхуэунэт1ар бийм хуэмыгъэгъунырщ, захуагъэм и телъхьэу щытынырщ, Хэкур хъумэнырщ.
Слайд №24
Анэмрэ Хэкумрэ. А т1ур гуащ1эк1и, быным хуа1э лъагъуныгъэк1и зэхуэдэу къыщ1эк1ынщ, а гуащ1эм и инагъымрэ а лъагъуныгъэм и куууагъымрэ къызэрупщын 1эмал дунейм щыщымы1эми. Анэ Хэку. Ахэр зы гуры1уэгъуэщ.Урысхэми жа1э «Родина мать». Ц1ыху лъэпкъ псоми я дежк1э щалъхуа хэкур лъап1эщ,1эф1щ, анэми хуэдэу. А гурыщ1эрщ къыщигъэлъагъуэр «Уц1ык1уу уи гум ибубыдэр» усэм. Къигъэщ1а гъащ1эм лирическэ л1ыхъужьыр ироплъэжри и нэгу къыщ1егъэхьэж и адэ-анэр, ядэжь и унэр. Ауэ, ди жагъуэ зэрыхъущи, адэ - адеж, ди лъахэм
дыщисым деж, дэ къыдгуры1уэркъым абыхэм я лъап1агъыр. Иужьк1э зэрыжа1эщи, ды1эбэмэ, дылъэ1эсыжынкъым. Аращ усак1уэм мыпхуэдэу щ1итхыр:
Си анэр гъыуэ ныск1элъык1эу:
«Уи адэжь и унэ къэгъэзэж»,-
Щыжи1эм сщ1акъым и лъэп1агъыр
Иджы 1эфрак1эм содзэкъэж.
Слайд №25
К1ыщокъуэ Алим и анэм къик1уа гъащ1э гъуэгуанэр къигъэлъэгъуэжу итхыжащ «Си анэм хуэзусыжар» жыхуи1э усэр. Усак1уэм зыбжанэрэ къытригъэзэжурэ анэм зыхуегъазэ:
А си анэ дыщэуэ,
…
А си дыщэ к1анэ.
Усак1уэм анэр дыщэм пищ1у аракъым , ат1э анэм нэхърэ нэхъ лъап1э, нэхъ дахэ, нэхъыф1 зыри зэрыщымы1эр къигъэлъагъуэу аращ.
Слайд №26
Анэм теухуа усэхэм К1ыщокъуэм къызэригъэлъэгъуащи, гъунапкъэншэщ анэм и лъагъуныгъэр. Ат1э апхуэдиз лъагъуныгъэ къытхузи1э анэхэм дауэ дахущытын хуей?
Слайд №27
Анэм теухуауа сыт хуэдэ псалъэжьхэр фщ1эрэ?
Слайд №28
Анэ лъагъуныгъэм дыщехъумэ гъащ1эм и лъэпощхьэпо куэдым, ди псэр къегъэхуабэ, дещ1 нэхъ гу къабзэ, щабэ, бэшэч. Анэ лъагъуныгъэр ещхьщ псынэпс къабзэм, гъуэгугъэлъагъуэ вагъуэм.
Мис а псоращ дэ анэм и пащхьэм щытхь жэуапыр щ1эиныр.
Дэтхэнэ бынми ди къалэн нэхъыщхьэщ анэр гулъытэншэ дымыщ1ыныр, нэхъ гумащ1эу дахущытыныр, дахуэсакъыныр, я жагъуэ зэи дымыщ1ыныр.
Слайд №29
Тхыгъэ хьэлэмэтхэр зи къалэмыпэм къыщ1эк1а, Къэбэрдейм и къуэ щэджащэ К1ыщокъуэ Алим и ц1эри и тхыгъэхэри мык1уэдыж ф1ыгъуэу дунейм къытенащ. Ахэр псэунщ адыгэбзэр псэухук1э. Алим хужа1ащ псалъэ дахэ куэдхэр. Абыхэм ящыщ зыщ Къагъырмэс Борис Алим хуищ1а фэеплъ усэр:
Поэзие маф1эр п1этауэ,
Шу пашэ гъуэгур къэпк1уащ.
Мураду уигур зэтауэ
Щытам щыщ куэди зэщ1ащ.
Тхыгъэ курыхыу ди тхыбзэм
Къытхуэбгъэнахэр псэунщ:
Лъэпкъыр щыгу1эм - хъунщ гъыбзэ.
Щыгуф1эм - уэрэд тхуэхъунщ.
Оценкэ гъэувын.
Слайд №30
Унэ лэжьыгъэр етын.
1. Анэм теухуауэ К1ыщокъуэ Алим итха усэхэм гъэхуауэ, зыхэщ1эгъуэу къеджэн.
2.Творческэ лэжьыгъэ
«Анэ лъагъуныгъэр ещхьщ псынэпс къабзэм», «А т1ум нэхъ зэщхьи сыт щы1э - Анэмрэ Хэкумрэ!» щхьэж нэхъ гурыхь къыщыхъуа ф1эщыгъэц1эр и1эу эссе тхын.
Слайд №31
Къэзгъэсэбэпахэр: К1ыщокъуэ Алим. Тхыгъэхэр томипл1ым щызэхуэхьэсауэ/Налшык. «Эльбрус», 1984гъ.
К1ыщокъуэ Алим. Тхыгъэхэр томихым щызэхуэхьэсауэ./ Налшык «Эльбрус»,2004гъ.
Хьэк1уащэ Андрей. Гурыщ1эм и джэрпэджэж./Налшык «Эльбрус»,2009гъ.
Телевизионнэ нэтынхэр: «Гугъэмрэ гъащ1эмрэ»,-2000гъ.
«Поэт миллениума»,-2001гъ
Оставьте свой комментарий
Авторизуйтесь, чтобы задавать вопросы.