Ди Азидэ мадэ
Ди Азидэ мадэ, ед абы щыгъын
Мастэр къе1ыпхамэ занщ1эу щ1едзэ гъын
Папэ хуедыр джанэ, мамэ хуед бостей
Хуедыр нанэ фащэ, дадэ хуедыр цей
Нани дади къофэр, ящ1ыр ислъэмей.
Бейщ мастэ1уданэр абы жа1ыгъат
Сэ 1эщ1агъэ псоми дэныр къыхэсхат
1. Уэрэд
«Гъэмахуэ уэрэд»
Сыт гъэмахуэр псоми щ1ытф1эф1ыр?
Зэман псоми ар щ1энэхъыф1ыр?
Ар къыщ1ыхэтхыр псоми вжес1энщ
Иджыпступц1э къывгурызгъэ1уэнщ
Къэсащ гъэмахуэр , псоми
ди махуэр
Дыгъэм пэлыду гъэмахуэ махуэр
Дунейр щ1эращ1эу дэ
къыддогуф1э
Дунейм тет псори
дыздегъэгуф1э
Гъэмахуэ махуэр мэхъур мазищ
Къытщохъур ц1ык1ухэм ар тхьэмахуищ
Зыщыдмыгъэнщ1ыу гъэмахуэр блок1
Къэдгъэувы1эни тхузэф1эмык1
. «Дэнэ к1уа гъэмахуэ дыгъэр»
Дэнэ к1уа гъэмахуэ дыгъэр?
Къеуэр сыт игу? Щхьэ к1уэда?
Къызэрихьэрэ долъыхъуэ-
Дымыгъуэту а гъэф1ар!
Хъуну щытмэ зэ къыкъуэк1
Дыгъэлъагъу уэ уи зэф1эк1!
Ди псы ц1ык1ум зыдмыгъэпск1ыу ,
Дык1элъымысу гъэмахуэр йок1
Гъэмахуэ уэшх
Мыувфы1эу къошх гъэмахуэ уэшхыр
Сэри семызэшу кхъужь1эрысэр сошхыр
Сощэр уэшхыр теум щ1ыбым сыщ1эжыну
Ф1ыуэ сыджэгуну . сшхар къэзлэжьыжыну
Ауэ уэшхыр къошхыр , зи темыуж!
Мэгъэрей уэлбанэри зи мыувы1эж!
Си ныбжьэгъур сэ Дисанэщ
Пхъэщхьэмыщхьэм ф1эф1ыр санэщ
Санэм сытри къыхещ1ык1
Ар жыг щхьэк1эм къыф1эмык1.
Къуацэчыцэм и къудамэм а инышхуэр
хуэмы1ыгъ,
Къехуэхами гъэщ1эгъуэнкъэ, ди Дисанэ зэи
мыгъ.
Партэгъу
Егъэзащ1э и къэлэн си партэгъу Гугъуэт
Аслъэн
Зэми матхэ, зэми йоджэ, зэми хьэрфу хъуар
зэхеджэ
К1эщ1у жып1эмэ емызэш, дэри дримыгъэзэш.
«Япэ класс» (Кумышева)
Япэ класс, япэ класс, нобэ псори дызэхуос
И ныбжьэгъу имыгъэпэжу зы сабий дэ
къытхэмыс
Емыджэфу , е мытхэфу дэ ди классым зы
щ1эмыс
Ди зэданэр зэдмыгъащ1эу школ дык1уэн
тф1эмыдурыс. (Кумышева)
6.Уэрэд «Сабиигъуэ» муз. «Чунго-Чанго»
Сабиигъуэр фэ къэвгъэсэбэп
Сабиигъуэм фыризэгуэмып
Сабиигъуэр гъащ1эм и нэхъ 1эф1щ
Сабиигъуэр псом нэхърэ нэхъыф1щ.
Сабиигъуэ , сабиигъуэ къытхуамыщ1у зыми
дагъуэ
Дытевгъэт сабийхэр псори дахэу лъагъуэ
Сабиигъуэ , сабиигъуэ дынэсащи псори и
гъуэ
Зывмыгъэпщк1уу фи щэн дахэр къэвгъэлъагъуэ
Сабиигъуэр ар гу имык1ыжщ
Сабиигъуэр хэтк1и гукъэк1ыжщ
Сабиигъуэм фыхущ1емыгъуэж
Сабиигъуэр фигум къэвгъэк1ыж
1.
Песня : «Мэрак1уэхьэ мэзым»
Гъэмахуэ мазищым
ц1ык1ухэм ди 1ут1ыжщ
Зыщыбгъэпсэхуну
мэзым нэхъыф1ыжщ….
Мэрак1уэхьэ док1уэ
ди мэз ц1ык1ум дэ
Мэз псэущхьэ
ц1ык1ухэр къытпежьэнущ дэ.
Ди ф1эщи мыхъужу дэ зыдогъэпсэху
Дызыхуей дгъуэтыхук1э димы1эну псэху
Мэрак1уэхьэ док1уэ дыщыпэну дэ
Мэрак1уапц1э ц1ык1ухэр къытпежьэнущ дэ.
Мэзым ущ1ыхьамэ
бзум къраш уэрэд
Дэри демызэшу
ятыдох сурэт.
Жыг баринэшхуэхэм
т1эк1у уабгъдыхьам
Щхьэщэ
къыпхуащ1ыжу къуах абы сэлам..
Теплъэгъуэ
«Дыгъужьымрэ мэлымрэ» под муз. «Дахэжан»
Дыгъужьым
: Сэ сымэжэл1ауэ нобэ сыкъежьащ
Мы мэл пшэр
бэгъуари си насып къихьащ
Узмыут1ыпщыжу
лъахъэ сэ уиздзэнщ
Псори
къызэхъуапсэу узэ1урыздзэнщ, уей!
Си
мэл пшэру мэл пшэрыжь,нэгъэсауэ угъурлыжь.
Си
мэл пшэру мэл пшэрыжь, 1эф1у , 1эф1у сшхынущ лыжь.
Мэлым
: Сыту мыгъуэ 1ейуэ нобэ сыкъежьа .
Уэ угъурсысыжьым
сэ сыныпхуэза.
Кхъы1э нобэризэм
уэ сэ сыут1ыпщыж..
Сумыут1ыпщыжми
къыпхуэк1уэ уз мыхъуж, уей!
Дыгъуэу
, дыгъуэу –дыгъужьыжь , дыгъужьыжьу напсеижь.
Дыгъуэу
, дыгъуэу –дыгъужьыжь ,дыгъужьыжь –угъурсысыжь.
Мэз псэущхьэхэм :
Дыгъужьыжьу
напсеижьым мэл бэгъуар ишхащ,
Дыгъужьыжьу нэпсеижьыр
зэгуэудри л1ащ.
Мэзым щ1эсыр
зэхуэсауэ псоми ар ягъей,
Ди мэл пшэрым
щымысхьауэ дыгъужь лъагъугъуей, уей!
Уэуэуэуэуэуэ-уэу
–уэдыдыдыдыды-дыд
Уэуэуэуэуэуэ-уэу
–уэдыдыдыдыды-дыд
«Мыщэ»
Мыщэ, мыщэ, мыщэ,сыту у пшэрыщэ!
Хэт уэ узыгъашхэр?
Хэт и 1ыхьэ ф1эпшхыр?
Ик1эр ау уемыфэ шей,
Щ1ымахуэ к1ыхьым уаф1ожей!
«Дыгъужь»
Дыгъуэу , дыгъуэу ,дыгъужьыжь!
Дыгъужьыжьу нэпсеижь.
Умэжал1эу къоущыхь,
Щынэ ц1ык1ухэр уэ тф1ыбохь.
Къеплъэфэк1ыу уи ныбэжь
Зи уэ умыныбжьэгъу пэж
«Кхъуэп1ащэ»
Мэз псэущхьэу кхъуэп1ащэжь.
Сыту у
гущык1ыгъуэжь!
Уи хъыф-сыфым
сегъэгужьей
Шхэк1э умыщ1э
уэ нэхъей.
Уэ уи анэм
уигъэсакъэ?
1энэ зэи
ущысакъэ ?
«Бажэ»
Бажэ , бажэ. Бажэ ц1ык1у ,
Уэ хьэл хъун пхэмылъ зыц1ык1у
У- дыгъуэрабзщ уэ, упц1ыупсщ,
Бзэгу зепхьэнри уф1эф1ыпсщ.
Сыт дунейм уэ узэрыф1ыр?
Сыт сэбэп узэрыхъуфыр?
Дадэ къритау щытат а си упщ1эм и жэуап:
Губгъуэм дзыгъуэ исхэр ишхым,
К1эрыхунукъым дэ ди шхым.
Гъавэр бэву къетхьэл1эжынущ,
Бынунагъуэр дытхъэжынущ.
Оставьте свой комментарий
Авторизуйтесь, чтобы задавать вопросы.