1. Глаголым зэману и1эщ:
А. 2
Б. 3
В. 4
Г. 5
2. Псалъэухам и пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр:
А. дополненэ, определенэ
Б. подлежащэ, сказуемэ
В. обстоятельствэ, синтаксис
Г. префикс, глагол
3. Къэ1уэтэныгъэм и мурад елъытауэ
псалъэухахэр гупищу зэщхьэщок1:
А. подлежащэ, сказуемэ, глагол.
Б. зэра1уатэ, зэрыупщ1э, хуэзыгъэуш
В. зэхэлъ, зэхэт, къызэрык1уэ.
4. Пкъыгъуэ нэхъыщхьэхэр ф1эк1а зыхэмыт
псалъэухар – ар:
А. убгъуащ
Б. мыубгъуащ
В. зэхэлъщ
5. Дополненэр нэхъыбэрэ къок1уэ
(псалъэухам):
А. плъыфэц1эу
Б. щы1эц1эу
В. глаголу
6. Пщ1ащэ гъуэжьхэр къыпоху. Мы псалъэухам
щы – определенэщ:
А. пщ1ащэр
Б. гъуэжьхэр
В. къыпохур
7. Адыгэбзэ склоненэр 2 гуэшащ. Ар -
А. убгъуа/мыубгъуа
Б. белджылы/мыбелджылы
В. уней/зэдай
8. К1эуххэу – р, - м, -мк1э, -рауэ – хэр
зыпыувэр сыт хуэдэ склоненэм ит псалъэхэр ара?
А. мыбелджылы
Б. белджылы
В. зэдай
9. Предметым и щытык1э, плъыфэ, зыщыщыр
къэзыгъэлъагъуэ псалъэ лъэпкъыгъуэщ6
А. щы1эц1эр
Б. глаголыр
В. плъыфэц1эр
Г. бжыгъэц1эр
10. Зи къэпсэлъык1эк1э зэтемыхуэ, ауэ зи
мыхьэнэ нэхъыщхьэр зэтехуэ псалъэхэм йоджэ:
А. омонимк1э
Б. синонимк1э
В антонимк1э
11. Мыхьэнэ зэпэщ1эуэ зи1э псалъэхэм йоджэ:
А. омонимк1э
Б. антонимк1э
В. синонимк1э
12. Куэд бжыгъэр къигъэлъагъуэу псалъэм
хоувэр:
А. – къэ- префикс.
Б. –хэ- суффикс
В. – гъэ- суффикс
13. Плъыжьыфэ, щабабзэ, 1эф1ы1уэ. Мы псалъэхэр
къэхъуащ мыпхуэдэ схемэк1э:
А. ∩+^
Б. ∩+∩
В. ^+∩
14. Щы1эщ щы1эц1э унейрэ…
А. мыубгъуарэ
Б. зэдайрэ
В. убгъуарэ
15.Къардэн, Мурат, Маритэ, Налшык. Мы
псалъэхэр:
А. зэдайщ
Б. зэгуэгъущ
В. унейщ
16.Ц1ыхухэр зэрызэгуры1уэ, ахэр зэгупсысхэмрэ
зыхащ1эхэмрэ зэрызэхуа1уатэ 1эмэпсымэм (1эмалым) йоджэ:
А. синонимк1э
Б. бзэк1э
В. деепричастиек1э
Г. омонимк1э
17. Бзэм и 1эмалхэр къагъэсэбэпу ирагъэк1уэк1
къэ1уэтэныгъэм йоджэ:
А. бзэк1э
Б. тхылък1э
В. речк1э
Г. псалъэк1э
18. Зэдай зы лъабжьэ зи1э псалъэхэм йоджэ:
А. омонимк1э
Б. зэлъэпкъэгъук1э
В. зэлъабжьэгъук1э
Г. зэгуэгъук1э
19. Псалъэ лъэпкъыгъуэхэр мэхъу:
А. 6
Б. 10
В. 2
Г. 8
20. Адыгэбзэм падежу и1эщ:
А. 2
Б. 4
В. 3
Г. 6
21. Хэт? Сыт? упщ1эхэм жэуап хуэхъуу,
предметыр къигъэлъагъуэу къак1уэр:
А. плъыфэц1эрщ
Б. щы1эц1эрщ
В. глаголырщ
Г. наречиерщ
22. Ит зэманым итщ:
А. сошхэ
Б. уошхэ
В. машхэ
Г. ишхащ
Оставьте свой комментарий
Авторизуйтесь, чтобы задавать вопросы.