Инфоурок Другое Научные работыИсследовательская работа "Адыгэ бзылъхугъэмрэ хабзэмрэ"

Исследовательская работа "Адыгэ бзылъхугъэмрэ хабзэмрэ"

Скачать материал

Псалъащхьэхэр                                                                                      нап.

 

1. Хэзыгъэгъуазэ______________________________________________________3-5

 

2. 1ыхьэ нэхъыщхьэ__________________________________________________6-14

2.1. Адыгэ бзылъхугъэр________________________________________________6-7

2.2. Сыт хуэдэ хабзэхэр к1элъызэрахьэу щыта бзылъхугъэхэм_______________ 7-9

2.3. Бзылъхугъэмрэ напэмрэ_____________________________________________10

2.4.Щхьэлъащ1эм и хьэтыр______________________________________________11

2.5.Гу лъытэр_______________________________________________________11-12

2.6. Хъуэрыбзэхэмрэ щ1агъыбзэхэмрэ__________________________________12-14

 

3. К1эух псалъэ ________________________________________________________15

 

4. Къагъэсэбэпа тхыгъэхэмрэ интернет-ресурсхэмрэ_______________________16

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

1.Хэзыгъэгъуазэ

 

Къэхутэныгъэ лэжьыгъэм и мурадхэр:

1. Хабзэм теухуауэ нэхъыщхьэу ябжыр къэхутэн.

2. Уи хабзэр умыщ1эмэ ар зэрыемык1ушхуэм ц1ыхухэр щыгъэгъуэзэн.

3. Адыгэ хабзэм тету адыгэхэр псэуным хущ1экъуным хуэшэн.

4. Адыгэхэм я бзылъхугъэхэм  гулъытэшхуэ зэрыхуащ1у щытар хабзэм къызэрыхэщыр къэгъэлъагъуэн.

5. Бзылъхугъэм к1элъызырахьэ хабзэхэр къэхутэн. А хабзэхэм утету ди зэманым упсэуфынумэ зэхэгъэк1ын.

 

Къэхутэныгъэ лэжьыгъэр зытеухуар: Адыгэхэм я бзылъхугъэхэм къыдек1уэк1 хабзэхэр.

 

Къэхутэныгъэм и 1эмалхэр:

- Тхыгъэ зэмыл1эужьыгъуэхэм щыгъуэзэныгъэ

- К1элъыплъыныгъэ.

- Нэхъыжьхэм пкърыупщ1ыхьыныгъэ.

 

Темэр ди зэманым къезэгъыу щ1ыщытыр: Дыщыпсэу зэманым лъэпкъ хабзэр к1уэдыжынк1э шынагъуэ щы1э хъуащ. Адыгэхэм бзылъхугъэм хуащ1у щыта нэмысымрэ пщ1эмрэ плъагъумэ, апхуэдэ хабзэ дахэхэр псоми къа1этыжыну иужь итынущ. А хабзэхэр ди зэманым къезэгъыу зэрыщытми псоми гу лъатэнущ.
Мы темэр къыщ1ыхэсхар: Сытым щыгъуи сыдехьэх ди тхыдэм. Нэхъ гъэщ1эгъуэн дыдэр Кавказым щыпсэу лъэпкъыу хъуам адыгэхэм хуэдэу зи бзылъхугъэ зыгъасэрэ зылъагъурэ зэрыщымы1аращ.Си лэжьыгъэмк1э сэ псоми язгъэлъэгъуну сыхуейщ  апхуэдэ хабзэ дахэхэр зезыхьэ адыгэхэр дэнэ щ1ып1э щымы1ами зэрымык1уэдыжынур.

 

         Хабзэр лъэпкъым и фащэщ. Нобэрей ди дуней щ1эращ1эм хуэфащэ хабзэ щ1эблэм зэхалъхьэн щхьэк1э ди нэхъыжьхэм яхъума нэмыс, зэхущытык1э куэдым мыхьэнэшхуэ я1эщ, ахэр лъэныкъуэк1э ебгъэк1уэтэк1 хъунукъым. «Жьым щытхъуи щ1эр къащтэ»,- жыхуа1эр пэжщ, ауэ жьым ущытхъу къудей мыхъуу, ущытхъуа иужьк1и, къапщтэ хъун куэд хэлъщ.

         Адыгэхэм хабзэм гулъытэшхуэ хуащ1ырт. Абыхэм «хабзэ» псалъэм мыпхуэдэ мыхьэнэхэр кърахыу щытащ: япэрауэ, иджыпсту «закон» жыхуэт1эр; ет1уанэрауэ, зэхущытыкIэ, зэбгъэдэтык1э; ещанэрауэ, «унафэ» мыхьэнэр; епл1анэрауэ, зэгуры1уэк1э; етхуанэрауэ, ц1ыху хэтык1эм и пщалъэ, и мардэ, нэгъуэщ1 куэди. Гъащ1эм ща1э псэук1эм и мардэщ хабзэр.        Адыгэ хабзэр, дауи, зэхэтык1эщ, зэбгьэдэтык1эщ, нэхъыжьымрэ нэхъыщ1эмрэ, цIыхухъумрэ ц1ыхубзымрэ, л1ымрэ фызымрэ я зэхуаку дэлъын хуей нэмысым, пщIэмрэ щIыхьымрэ я жыпхъэщ. Адыгэ хабзэм куэд къызэщ1еубыдэ. Ар здынэмысрэ зыдэмы1эбэ пл1анэпэрэ адыгэ гъащ1эм и1экъым, Iуэху жьгъей ц1ык1уу къытф1эщ1хэм я деж къыщыщ1эдзауэ Iуэхушхуэ дыдэ деж нэсу. Ар пщалъэм имызакъуэу ик1и пщ1эщ, нэмысщ, ц1ыхур ц1ыху зыщ1 гулъытэ дахэщ. Л1ыгъэр, напэр, пэжыгьэр адыгэ хабзэм и пкъыгъуэ нэхъыщхьэ дыдэхэм ящыщт, ик1и арат щ1эблэр, щ1алэгьуалэр зыщ1ап1ык1ыр, зыхуагъасэр.

         Дэтхэнэ ц1ыхуми и лъэпкъым и бзэр зэрищ1эн хуейм хуэдабзэу и хабзэхэри ищ1эн хуейщ. Ди зэманым куэдым я анэдэлъхубзэри зэрапэсыжкъым, хабзэм тетуи псэуну хуэмейхэри нэхъыбэжу щы1эу гу лъызотэ. "Хабзэр бзэгупэк1э зэрахьэркъым", -жа1э. Абы къок1 хабзэм утету упсэун хуейуэ. Жып1эк1э сыт, ар умыгъэзащ1эмэ? Ди хабзэ дахэхэр, дуней псом адыгэхэр ц1эры1уэ дызэрыхъуа ди хабзэ дахэхэр, дауэ бгъэк1уэдыжыну? Уи лъэпкъ хабзэр ф1ырэ 1ейрэ пщ1эн щхьэк1э, хабзэм лъабжьэ хуэхъуар пщ1эн хуейщ, хуейм имызакъуэу нэгъуэщ1 лъэпкъхэм я хабзэм ебгъэпщэфын хуейщ.                           Зи хабзэ нэхъ сыщыгъуазэ лъэпкъыу сыбжыр урысхэращ. Абыхэми я хабзэхэр ягу ирохьыж, абы тету щыпсэук1э, ар щагъэзащ1эк1э. Сэри ди адыгэ хабзэр нэхъ къыхызохыж абыхэм ейм щезгъапщэк1э.

          Ди адыгэ хабзэр нэхъ сф1эгъэщ1эгъуэныж щыхъуар Нэгумэ Шорэ и 1эдакъэщ1эк1 "Ижь зэманым адыгэхэм я псэук1ар" жыхуи1ам сыщеджаращ. Апхуэдэ лъэпкъым сызэрибыным щхьэк1э си щхьэр лъагэу слъагъужащ. А тхыгъэм къыхощ ижьым псэуа адыгэхэм пэжагък1э, хьэл-щэныф1агък1э, хьэщ1э егъэблэгъэнк1э зы лъэпкъи япэ кърагъэувэу зэрыщымытар. Адыгэ хабзэм къызэщ1имыубыдэ щы1эу къыщ1эк1ынкъым сыт и лъэныкъуэк1и. Ар зэрыхъумэн хуейми шэч лъэпкъ къытесхьэркъым.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

2.1ыхьэ нэхъыщхьэ

 

Ц1ыхубзыр дунейм и дыгъэщ,

Ц1ыхубзыр дунейм и мазэщ.

Фызмэ - гъащ1э гукъинэщ,

Анэмэ дунейм и жылэщ.

Л1ым зыдгъэлъагэ пэтми,

Я лъэгуажьэм ди жьак1эр нэскъым.

Агънокъуэ Лашэ

 

 

 

Адыгэ бзылъхугъэр

Адыгэ бзылъхугъэр дуней хъурей тхыдэм куууэ хыхьащ ик1и хэтщ. Ижь-ижьыж лъандэрэ хамэ къэралхэм къик1а еджагъэшхуэхэмрэ къэхутак1уэхэмрэ яф1эгъэщ1эгъуэну адыгэ бзылъхугъэм тетхыхьахэщ.

Ахэр нэсащ адыгэхэм я бзылъхугъэхэм я дахагъэм, я акъыл жаным, ахэр нэхъ дахэж зыщ1эхъук1 хабзэ гъэщ1эгъуэнхэм.

Адыгэ бзылъхугъэр дэнэ лъэпкъ къыщыхутами, адыгэ лъэпкъым къызэрыхэк1ар зэи игъэгъуэщакъым. Абы и щыхьэтщ мы дуней псом ц1эры1уэ щыхъуахэу Урысейм щап1ауэ Черкасскэ Марие, опернэ уэрэджы1ак1уэр, Францием щап1а балеринэ Черинэ Людмилэ, Америкэм щыщ балеринэ Черкасскэ Марианнэ, Францэм и л1ыхъужь ц1э зыф1аща Хьэгъундокъуэ Елмэсхъан, 1932 гъэм япэ дыдэу ек1уэк1а дахагъэмк1э зэпеуэныгъэр къэзыхьа Кариман аль Шаркасие, ди усак1уэ ц1эры1уэ Балъкъэр Фоусэт, нэгъуэщ1 куэди.

Еджагъэшхуэхэм адыгэ бзылъхугъэм и дахагъымрэ и акъылыф1агъымрэ куэдым хуахь. Псалъэм папщ1э адыгэхэр ижь-ижьыж лъандэрэ здис щ1ып1э телъыджэм и климатым, я дуней тетык1эм. А псоми пэж гуэр хэлъу къыщ1эк1ынщ, ауэ адыгэ бзылъхугъэм и дахагъым, и бжьыф1агъым и къежьап1э нэхъыщхьэр адыгэ хабзэм зэрыщ1ап1ык1ырщ, нэмыс, ук1ытэ хэлъу къызэрытэджырщ. Теплъэк1э дахэ къуэдейр зыми щыщкъым ар 1эдэбу, хьэл-щэн дахэ зыхэлъу щымытмэ. Адыгэр дэнэ щ1ып1э щымы1ами адыгэу къонэж и хабзэр зэрихьэрэ абы хуэпэжмэ. Арат адыгэм бзылъхугъэр гъэсэным мыхьэнэшхуэ щ1ритыр. Ауэ жа1акъым: "Напэ дахэр илъэс нысэщи, зи псэк1э дахэр уи гъащ1э гъусэщ".

Дунейм къыщытехьа дыдэм щыщ1эдзауэ хъыджэбз ц1ык1ухэр щ1алэ ц1ык1ухэр зэрап1ым къыщхьэщок1. Хъыджэбз къалъхуамэ, гущэри гущап1эри езы унагъуэм ягъэхьэзыр, щ1алэ къалъхуамэ, ахэр псори анэшым ягъэхьэзырти къыхуашэжырт.

Адыгэхэр хъыджэбзыр щысабийм къегъэжьауэ бзэ 1эф1у, акъылыф1эу, щэныф1эу, хабзаф1эу яп1ыну хущ1экъурт. Сабийм и ц1ык1ущхьэм щегъэжьауэ псалъэ 1ей, гуауэ зэхрагъэхыртэкъым, хъыджэбз ц1ык1ухэм гъэф1агъыбзэу зэреджэхэр "си дахэ", "си псэ", "си дыгъэ", "си нэху" хуэдэхэрат.

Сыт хуэдэ хабзэхэр к1элъызэрахьэу щыта бзылъхугъэхэм ат1э?

 Ахэр куэд мэхъу. Псом я гугъуи пхуэщ1ынкъым занщ1эу. Адыгэ лъэпкъ зэхэтык1эм сыт щыгъуи ц1ыхухъур нэхъапэ иригъэщу, бзылъхугъэхэр — анэр адэм, фызыр л1ым, шыпхъур дэлъхум, дэтхэнэ зы 1элъэщ1 зытелъри пыIэ зыщхьэрыгъым,- ц1ыхухъум едэ1уэн, абы я унафэм щ1этын, абы нэхъ пщ1э лей яхуэщ1ын хуейуэщ хабзэм зэрыщыгъэувар. Ауэ абы къик1ыртэкъым ц1ыхубзхэм пщ1эи, нэмыси хуамыщ1у щытауэ. Щ1алэ ц1ык1ухэм нэ лейк1э еплъу щIыщытар ар лъэпкъым и къупщхьэу, лъэпкъ мыгъэк1уэду зэралъытэрт. Абыхэм зэрыжа1эмк1э, хъыджэбз ц1ык1ухэр хамэ бынт. Ахэр зы унагъуэм къыщохъури, нэгъуэщ1 унагъуэм щопсэу, я гъащ1эр щахь. Адыгэ унагьуэм къралъхуа хъыджэбз ц1ык1ухэр нэхъ ягъаф1эу, абы нэхъ къыщхьэщыжу къагъэхъурт. Ахэм хуэгубжьыртэкъым, щ1эк1иертэкъым, къагьащтэртэкъым, уеблэмэ, щыджэгукIэ ину драдзейтэкъым, ат1э хуэсакъыу къа1этрэ т1эк1урэ я1ыгьа иужьк1э кърахьэхыжу арат. Хъыджэбз ц1ык1ухэр щ1ап1ык1ырт гущ1эгьу я1эу къэхъуным, гуапагъэм, тэмакък1ыхьагъым, гулъытэ яхэлъыным, Iэ щабэ Iу щабэу, ц1ыху зрагъэхъуэпсэфу, къыдахьэхыфу щытыным. Уеблэмэ, «ц1ыху къэгъэпц1экIэ ещ1э» зыхужа1э бзылъхугьэм гъэсэныгъэ нэс бгъэдэлъу ялъытэрт. Хъыджэбз ц1ык1ухэр хуагъэ1ущырт ик1и хуаущийрт акъыл гуак1уэу, гуапэу, нэмысыфIэу, щ1ык1афIэу щытыным, Я дэлъху, дэтхэнэ зы ц1ыхухъуми пщ1э хуащ1у, нэмыс к1элъызэрахьэу, ахэр зэрыц1ыхухъур зыщамыгьэгьупщэу.

Хъыджэбз ц1ык1ухэр ягъасэрт мыныбаблэу, къабзэлъабзэу, бзэ 1эф1у, зыхуэныкъуэ псори езым ящ1эжыфу. Абы хыхьэрт адыгэ шхыныгъуэхэр пщэф1ыныр,  щыгъыныр, лъакъуэф1элъхьэхэр дыныр, ахэр къызыхащ1ык1 фэхэк1хэр, цеяпхъэхэр щ1ыныр, унэрылъ хьэпшыпхэр гъэщ1эрэщ1ыуэ хэдык1ыныр, упщ1эхэр, алэрыбгъухэр, арджэнхэр  щ1ыныр.

Гулъытэшхуэ дыдэ хуащ1ырт хъыджэбз цIык1ухэм я фэм зэрызиукъэбзым, я теплъэм, я дахагъэм зэрызиужьым. Нэхъыжьхэр хуэсакъырт хъыджэбзым и Iэпкълъэпкъ пщык1ут1ыр зэхуэдэным, и увык1э, и т1ысык1э, къэк1ухьык1эхэм к1элъыплъу, абы гу лъитэу есэным. А псом еф1эк1ыу адыгэхэм Iэмал гуэрхэри я1эт езыхэм дахэщ жыхуа1эм хуэдэу сабийм, псом хуэмыдэу хъыджэбз ц1ык1ухэм я зыужьык1эр, я хэхъуэк1эр яунэт1ынымк1э (сабий къалъхуагъащ1эм и напэр бынжэлък1э ялъэщ1ырт, быдзышэкIэ ятхьэщ1ырт, нэхъ хужь, нэхъ дахэ хъун щхьэк1э). Л1эщ1ыгьуит1 -щы хуэдизк1э узэ1эбэк1ыжмэ, адыгэ хъыджэбз ц1ык1ухэм я шэфэл къэкIуэгъуэ мыхъу щ1ык1э (илъэсибгьу-пщ1ым щитым) куэншыбэ щрагъэт1агъэу щытащ. Куэншыбэм хъыджэбз ц1ык1ум и 1эпкълъэпкъыр, и бгым къыщыщ1эдзауэ и шхулъэхэм нэс, быдэу зэщ1икъузэрт, и бгырыпх щ1эпхап1эр бгъузэу, и шхужьхэр лъагэу, езыр ичауэ, лъакъуэ лъагэу къэхъун щхьэк1э. Псом нэхърэ нэхъыщхьэу ялъытэр арати, куэншыбэм хъыджэбз ц1ык1ум и бгьэхэр къигъэк1ыртэкъым. Адыгэхэм хъыджэбз дахэ зыф1ащу щытам к1эрыплъагьуэу, уи нэ къыф1энэу бгьэ и1э хъунутэкъым. ИкIи Iэк1уэц1ыр и бгыу щытын хуейт. Абы къыхэк1ыу хъыджэбз ц1ык1ум япэ дыдэу куэншыбэ щыщат1агъэм деж абы и 1эпщэр 1эпхъуамбэшхуэмрэ 1эпхъуамбапщэмрэ къапщырт. Ар тыншу къек1уэк1мэ, хъыджэбз ц1ык1ум и пщэм апхуэдит1 и гъумагьын хуейуэ ялъытэрт. Ауэ нэхъыщхьэр абы и бгым и гъумагьыр арат. Хъыджэбз цIык1ум и бгым и гъумагъ хъунур къащ1эн щхьэк1э Iэпщэр къызэрапща Iэбжьэр Iуданэм традзэрти, апхуэдипл1 къыпачырт. Арат хъыджэбз ц1ык1ум и бгым и гъумагьын хуейр: е езы хъыджэбз ц1ык1ум и Iэпщэм и гъумагьым хуэдизу плIы, е и пщэм и гъумагьым хуэдэу т1у. Нэхъ гъэщ1эгъуэныжырати, а пщалъэм темыхуэу нэхъыбэу къыщ1эк1мэ, ахэр иджыптсу зэрыжа1эм хуэдэу жып1эмэ , диетэ тк1ий трагъэт1ысхьэрт. Ди зэманым диетолог ц1эры1уэхэм зэхалъхьэ диетэхэм ещхьт ар: дагъэ зыщ1элъыр мащ1э дыдэу  шхын, е зыри ирамыгъэшхыхэу пщалъэм нагъэст.

Ар уи нэгу къыщ1эбгъыхьэну ухуеймэ Петр Езанэм къызэригъэпэщауэ щыта музей Бытырбыху дэтым щ1элъым ущеплъ хъунущ. Адыгэ бзылъхугъэ ц1ык1ум  и бгым и псыгъуагъыр абыхэмк1э тепщ1ыхьмэ сантиметр пл1ыщ1рэ и (48) щэныкъуэрэ т1у (52) хъунк1э хъунурат. Ди зэманым куэншыбэ щыпт1агъэнуи къезэгъыж хуэдэкъым, ит1ани я дахагъэр нэхъ къыхагъэщын щхьэк1э т1эк1у нэгъуэщ1у къагъэсэбэп хъуащ а хэьэпшыпыр.

Щхьэцыр бзылъхугъэм и фащэщ.

Хъыджэбз ц1ык1ухэр щагъасэк1э мыхьэнэшхуэ дыдэ и 1эт абы и щхьэцыр ягъэк1ыу щыщ1адзэ зэманым. Ар къызыхэк1ыр щхьэцыр зэрихьэфу, ижьыфу зэресэфым и закъуэтэкъым, ат1э и щхьэцым ирипагэу, абы хуэсакъыу, и мыфыщIу, бэшэчу, 1эк1уэлъакIуэу зэрыхущытым куэд и1ыгът. Зэрыхабзэти, дзыгъуэ щхьэцыр траха иужьк1э, щхьэц лъабжьэр быдэ хъун щхьэк1э, жа1эрти хъыджэбз ц1ык1ухэм я щхьэцыр мазит1-щы нэхъ дамыгьэк1ыурэ зэк1элъыкIуэу щэи, пл1эи, нэхъыбэри яупсырт. Цыр щабэ цIыкIумэ, мы1увмэ, абы щыгьуэ нэхъыбэрэ зрагьэл1ал1эрт, нэхъ пхъашэ хъун, нэхъ пкъы къыщ1эувэн щхьэк1э. «Цыбэ насыпыбэщ» жа1эрт, щхьэц зытелъ хъу хъыджэбзхэр нэхъ узыншагьэ ябгьэдэлъу, ахэр нэхъ гуащ1афIэу ялъытэрт. Щхьэцыр адыгэ бзылъхугьэхэм я дежкIэ нэхъ к1ыхьыхук1э нэхъыф1у ябж сытым щыгъуи. Иджыпсту дыди аращ - щ1ак1уэм хуэдэу щхьэцышхуэ зытелъ бзылъхугъэм димыхьэх щы1экъым. Ди зэманым зэрабжыр бзылъугъэм теухуауэ щхьэцыр нэхъ к1ыхьыху бзылъхугъэр нэхъ щ1алэщ, я ныбжьыр хэк1уэтэху нэхъ к1эщ1 ящ1.

Хъыджэбз ц1ык1ур щагъасэк1э мыхьэнэ хэха хуащ1т и щхьэцыр зэрихьэфу, ижьыфу щытыным. Хъыджэбзым и щхьэцыр адыгэ фащэм щыщ 1ыхьэу ябжырт. Хъыджэбз дэсхэм я щхьэцыр т1ууэ ухуэнауэ зэрахьэрт, унагъуэ ихьа нэужь зыуэ ухуэнарэ и щ1ыбагъымк1э щышыхьыжауэ щытт, щхьэгъусэ зимы1эж фызабэм и щхьэ щ1ыбым щхьэцым к1эращ1эу щытащ шырыб гъэпщам ещхьу гъэпща гуэр. Жыжьэ укъиплъмэ, абы щхьит1 и1эу къыпф1эщ1т, ауэ ц1ыхухэм кърахыр ар дэ1эпыкъуэгъуншэу зэрыщытымрэ узэрыдэ1эпыкъун зэрыхуеймрэт.

 Къардэнгъущ1 Зэрамыку и "Къанщобийрэ Гуащэгъагърэ" пьесэм къыхэщ 1уэхугъуэм и гугъу умыщ1ыныр емык1ушхуэщ щхьэцым ущытепсэлъыхьк1э. Къанщобий фыз 1эзэм деж игъэзэжын папщ1э Гуащэгъагъ пц1анэу жыхэфэгум иригъак1уэу еплъыну къыжре1э, апхуэдэу илъагъумэ лажьэ гуэр къыхуигъуэту игу щык1ын и гугъэу. Гуащэгъагъ и щхьэцышхуэр и лъэдакъапэм теуэрт. Ар мыук1ытэу и л1ым и пащхьэ пц1анэу иувэфынутэкъыми, и щхьэцышхуэр и гупэмк1э къридзыхри кърик1уащ, и щ1ыбагъымк1э иридзэк1ыжри ирик1уэжащ. Фыз 1эзэм зыхуеяр къехъул1акъым, Къанщобий и Гуащэгъагъ дахэр нэхъыф1ыжу илъагъу хъуащ.

Бзылъхугъэмрэ напэмрэ.

         Дэ ди лъэпкъыр псом хуэмыдэжу хуэтк1ийт бзылъхугъэ ц1ык1ум зыри зыхуимыгъэпсэлъэным, я напэр, я щ1ыхьыр яхъумэжыным. Хъыджэбз делар, ягъэулъияр лъэпкъ псом я дежк1э напэтэкъым, щхьэф1эхт. Ауэ апхуэдэ бзылъхугъэр зэрымыщ1эк1э яшамэ, щабзыщ1ыр закъуэт1акъуэхэм дежт, нэхъыбэм гуфэ пц1анэк1э адэ-анэм хуашэжырти и уасэ щ1атари къы1ахыжт. Куэбжэпэм гупк1эр хуагъазэрт, вит1ыр щ1агъэхурти, къашэжар гупк1эмк1э пагъэщэтырт. "Мыбы и 1элъэщ1ыр жьым трихащ",- хужа1эжырт. Апхуэдэ къызыщыщ1а хъыджэбзхэмрэ зыхуэпсэлъа бзылъхугъэ унагъуэ исхэмрэ  я щхьэцыр к1агуэу паупщ1ырти хамэ щ1ып1э къик1ахэм иращэр.           

         Гуфэ пц1анэк1э ямышэжми, ди заманми зи щхьэ пщ1э хуэзыщ1ыж адыгэ унагъуэм япхъухэм я щ1ыхьыр ямыхъумэжу щыткъым. Дэтхэнэ зэманми ещхьу иджыпстуи щы1эхэщ хъыджэбз щхьэпс ц1ык1ухэр, щхьэзыф1эф1хэр. Апхуэдэ жымы1эмыда1уэ зи1э унагъуэхэм ахэр хьэрэм зыщ1и къахок1.

 

Щхьэлъащ1эм и хьэтыр.

         Бзылъхугъэм и щхьэц ут1ыпщауэ, 1элъэщ1 темылъу уэрамым къытехьамэ, ц1ыхум къахыхьамэ, абы зы гузавэгъуэшхуэ къыщыщ1ауэ арат ик1и къолъэ1ук1э бгъэщ1эхъунк1э 1эмал и1этэкъым. А хабзэращ къызытек1ари къамэ къызыхуизыха ц1ыхухъухэм я зауэр 1элъэщ1ыр зытезыхыу яку дэзыдза бзылъхугъэм къигъэувы1эфынри къызытек1ар. Мыбы щыгъуэми нэхъыщхьэр 1элъэщ1ыракъым, ат1э анэм, бзылъхугъэм и лъэ1ум уебакъуэ зэрымыхъунурат, худэчыхын зэрыхуейрат.

         Бзылъхугъэм пщ1э зэрыхуащ1у щытам и щапхъэщ мы хъыбарри.

         ЛIыжь гуп уэрамым щызэхэсу хъыджэбз цIыкIу блэкIти Къэзанокъуэ Жэбагъы абы къыхуэтэджауэ щытат. Ар сабийм щIыхуэтэджамкIэ щеупщIым: «Сэ сызыхуэтэджар абы и ныбжьыракъым, атIэ ар анэ зэрыхъунуращ, абы лъэпкъым зэрыпищэнуращ, бзылъхугъэм и пщIэращ!» - яжриIэгъат.

 

Гу лъытэр.

         Хъыджэбз ц1ык1у гъэсам куэдым гу лъитэн хуейт. Псалъэм папщ1э , нэхъыжьым псы щыхуэпшийк1э, шынакъым и къур нэхъыжьым хуэгъэзауэ пшиин хуейт, ар тыншу къэ1эбэу п1ихыфын хуэдэу. Хъыджэбзым и гукъэк1ым куэд елъытат.

 Зэгуэрым 1уэху п1ащ1эгъуэ и1эу Къэзэнокъуэ Жабагъы жэщ къытехъуати унагъуэ гуэрым еблэгъат жи. Унагъуэм ягъэхьэщ1ащ, хабзэ кърахащ. Зы махуи, махуит1и, нэхъыби дэк1ащ Жэбагъы ежьэжын 1уэху лъэпкъ зэримыхуурэ. Бысымми егъэщ1агъуэ. зэрып1ащ1эр къыжри1ати зэремыжьэжыр. Жэбагъы деж хьэщ1эщым шхын хущ1эзыхьэн унэм дэмысу унэгуащэр я гъунэгъу хъыджэбз ц1ык1ум елъэ1уащ  хьэщ1эр игъэшхэну. Хъыджэбз ц1ык1ум хьэщ1эм шхын хущ1ихьащ. Къэзэнокъуэм шхэн иухри фи шхыныр убагъуэ жи1эри къехъуэхъуащ. Хъыджэбз ц1ык1уми:" Уи хьэлэлщ, дадэ",-жри1ащ. Жэбагъы хъыджэбз ц1ык1ум ф1ыщ1эшхуэ хуищ1ащ:"Си псэр къурмэн зыхуэхъун ц1ык1у! Тхьэмахуэ хъуауэ сшхам щхьэк1э "уи хьэлэлщ" къызжамы1эу, сэри семыжьэжыфу мы хьэщ1эщым сыщ1эсщ".

Дыщыпсэу зэманми бзылъхугъэм нэхъ гук1ъэк1 щи1эн хуейщ ц1ыхухъум нэхърэ. Дауэ мыхъуми, бзылъхугъэращ дунейри унагъуэри зэтезы1ыгъэр.

 

         Хъуэрыбзэхэмрэ щ1агъыбзэхэмрэ.

 

         Мыхьэнэшхуэ дыдэрэ гулъытэ хэхарэ хуащ1ырт хъыджэбзхэмрэ щ1алэхэмрэ джэгу щыхыхьэм, гухэлъ щызэхуащ1ым абы я зэхуэ1уэтэк1эм, я зэ1ущ1эк1эм, зэпсэлъэк1эм, лъагъуныгъэр зэрырагъажьэм. Адыгэ щIалэгъуалэр зэи  дэкъузауэ я1ыгъакъым. Хуэсакъхэрт емык1у ямылэжььным, лей зэрамыхьэным, ауэ щ1эубыдауэ я1ыгътэкъым.      Щ1алэхэмрэ хъыджэбзхэмрэ хуиту щызэрыц1ыхухэрт ик1и щызэдэгушы1эрт хьэгъуэл1ыгъуэхэм, гуф1эгъуэхэм, ц1ыху щызэхыхьэ тхьэлъэIу хуэдэхэм. Пэжт, ауэ сытми хъыджэбзхэр, хьэгьуэл1ыгъуэм, гуф1эгъуэм к1уэртэкъым, ик1и ягъак1уэртэкъым. Ат1э хъыджэбзым а гуф1эгъуэр, е хьэгъуэл1ыгъуэр зиIэ унагъуэр абы я нэхъыжьхэм я ц1эк1э къеджэн хуейт. Апхуэдэу хуит ящ1а хъыджэбзым и щхьэм пщ1э хуищ1ыжу щытмэ, езым и закъуэ тридзэу к1уэнри къезэгъыртэкъым. Ар е и дэлъху, е дзыхь зыхуищ1 щ1алэ, е гуфIэгьуэ зи1эм ящыщ къак1уэу яшэн хуейуэ арат хабзэр. И адэ-анэм хуит зыкъригъэщ1у зэрашам ещхьыркъабзэу къашэжу къратыжын хуейт. Ари зэрыщы1эну зэраухыл1а зэманым ф1эмык1ыу.          Хьэгъуэл1ыгьуэ, гуф1эгъуэхэм и деж ф1ытэкъым ик1и ек1уртэкъым хъыджэбзыр псэлъэреймэ, дыхьэшхыреймэ, къэфэреймэ. Емык1ушхуэт хамэ щ1алэ, имыц1ыху, имы1ыхьлы и гъусэу хъыджэбзым зэгъуэк1 зищ1мэ. Удж дыдэм щыгъуи ар зы щ1алэм куэдрэ къыдэудж хъунутэкъым. Гухэлъ зыщ1а щ1алэмрэ хъыджэбзымрэ нащхьэ - 1ущхьэк1э зэрыщ1эрт, хъуэр гуэрхэр зэпадзыжырт, уджым зэдыхыхьэрт. Уджым зэрыхэт нап1эдэхьеигъуэрат ныбжьыщ1эхэм нэхъыбэу я гухэлъхэр ща1уатэр. Къыхэзгъэщыну сыхуейт хъыджэбзхэмрэ щ1алэхэмрэ я хъуэрыбзэхэр зэрыхьэлэмэтыщэр.      Хъуэрыбзэмрэ щ1агъыбзэхэмрэ нэхъ къыщагъэсэбэпыр щ1алэмрэ хъыджэбзымрэ я гурыщ1эр щызэхуа1уатэм дежт. Къупщхьэкъута е у1эгъэ зи1э сымаджэм щ1опщак1уэ щыхуащ1к1э, хьэгъуэл1ыгъуэ дауэдапщэ щек1уэк1к1э  абы щыхэзэхуэса щ1алэгъуалэм 1эмал я1эт зэпсэлъэну, гушы1эну. ит1ани ягу илъ псори я1уатэ хъуртэкъыми хъуэрыбзэк1э зэрыщ1эхэрт. Ахэр зэмыл1эужьыгъуэ 1эджэу зэщхьэщок1.

         Хъуэрыбзэм и зы щапхъэ:

         Щ1алэм ф1ыуэ илъагъу хъыджэбзым и деж и дэлэлыр игъак1уэри мыпхуэдэ псалъэ хуригъэхьати:

1эгу ису зы ныбгъуэ,

Гум илъу зы псалъэ,

Сынрик1уэну зы лъагъуэ,

Сыкърик1уэжыну зы гъуэгу.

         Жэуап къыхуригъэхьыжащ:

Ди уни шэщкъым,

Ди шэщи щхьэгуэкъым,

Сэр щхьэк1э уи шы лъэгу щ1умыуд.

         Апхуэдэу щыхъум щ1алэм аргуэру егъак1уэри мыр жрырегъы1э:

Си къамышык1 ек1эпц1экъым,

Си фэ ф1ыц1э зэхэдзэкъым,

Узэгуэмыуд.

Фадэм сыкъигъэмызкъым,

Фызк1эрэ сыныбдихьэхкъым,

К1эпхын хужьышхуэр къытумылъафэ,

Гъатхэ мылыфым зумыгъэлъахъэ,

Щэлъахъэ зэвыр зэпумыуд.

Узэгуэмыуду уи унэ исыж  -

Сэ сыпхуеймэ, укъэзгъуэтынщ.

 

Мыри щ1агъыбзэм и зы щапхъэщ.

Хъыджэбз ц1ык1ухэр унагъуэ ихьэным хуагъэхьэзырт пасэу  щ1адзэрти. Унагъуэ ихьа нысащ1эм унэм щ1эсхэм ц1э яф1ищт. Гуащэ-тхьэмадэм я ц1эри пщыкъуэхэм я ц1эри жа1эу хабзэм къезэгъыртэкъым. Хъыджэбз гуэр зыдэк1уэну щ1алэм и къуэшым Дзыгъуэ и ц1эти, и анэр гузавэрт пщыкъуэц1эр хуэбзыщ1ынукъым жи1эу. Хъыджэбзри дэк1уэныгу хъуа гуэрти и анэм пщыкъуэц1эр зэрыхуэбзыщ1ынур иригъэлъэгъуащ. Махуэ гуэрым пщ1ант1эм и анэр и гъусэу дэту дум дзыгъуэ ц1ык1у къык1эщ1эжащ. Ар щилъагъум:"Нанэ, еплъыт мо дум къык1эщ1эжа бзу ц1ык1ум",- жри1ат. Анэми къыгуры1уащ пхъур дэбгъак1уэ зэрыхъунур.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

3. К1эух псалъэ.

         Ди адыгэ хабзэм куэд къызэщ1еубыдэ. Адыгэ хабзэр здынэмысрэ зылъэмы1эсрэ зы 1уэхугъуэ зэрыщымы1эр мы лэжьыгъэ к1эщ1ымк1э къэпщ1эфынущ. Мы дуней хъурей псом дызэры1уа адыгэ хабзэр дэ, къэхъу щ1эблэщ1эм, тхъумэжын хуейщ. Абы куэдрэ утепсэлъыхьк1э мыхьэнэ и1экъым, хабзэм утету упсэун хуейщ.

         Си лэжьыгъэм бзылъхугъэм теухуауэ адыгэ хабзэм къищтэхэм и дзак1э ц1ык1унит1э къыщызгъэлъэгъуэфауэ аращ. Апхуэдэу куууэ щытуи, апхуэдэу куэд къызэщ1иубыдэуи си гугъакъым. Ди адыгэ псалъэжь 1ущхэм куэдым срагъэгупсысащ. (Щ1алэ ц1ык1у уп1мэ, бгъасэмэ, адыгэл1 хъунум зыбогъэл1ал1эри, хъыджэбз ц1ык1у уп1мэ, бгъасэмэ, къэк1уэнум утолажьэ.  Жылэм ягъэпуда л1ыр фызым къыдехыжыфри, фызым игъэпуда л1ыр жылэм къыдахыжыфыркъым. Ц1ыхухъум и л1ыгъэ, ц1ыхубзым и щэн. Ц1ыхубзым и лъэ1ур Тхьэм и унафэщ! Бзылъхугъэм и нэмысыр зыкъутэм, лIыгъи, адыгагъи хэлъкъым. Хабзэр кIуэдым лъэпкъри мэкIуэд )

         Нанэхэм, дадэхэм нэхъыбэрэ епсэлъыл1эн хуейщ, нэхъыбэ къэщ1эн хуейщ. Лэжьыгъэм селэжьыху щ1э куэд къэсщ1ащ. Къэсщ1эну сыхуей хъуащ нэхъыбэж. Си лэжьыгъэр къыздэзы1ыгъахэм, сэбэп къысхуэхъуа си анэшхуэ Гъук1э Лилэрэ адыгэбзэмк1э си егъэджак1уэмрэ ф1ыщ1э ин яхузощ1.

 

 

 

 

 

 

 

 

 

 

4.Къагъэсэбэпа тхыгъэхэмрэ интернет-ресурсхэмрэ

 

1. "Адыгэ Хабзэ". Маф1эдз Сэрэбий. г.Нальчик. 1994г.

 

2. Маф1эдз С. Пшэрыхь зыхущанэхэр.-Iу.ж. 1991 №5,6 1991 .№1

 

3.    cs3.a5.rumedia/40/91/d6/….docx

4.Circassian Site | Адыгэ Сайт | ...Хабзэ". Маф1эдз Сэрэбий....

elot.ruindex.php…

5. supermuzlo.comgetmuz/Адыгэ Хабзэ

 

Просмотрено: 0%
Просмотрено: 0%
Скачать материал
Скачать материал "Исследовательская работа "Адыгэ бзылъхугъэмрэ хабзэмрэ""

Методические разработки к Вашему уроку:

Получите новую специальность за 3 месяца

Заведующий отделом архива

Получите профессию

Няня

за 6 месяцев

Пройти курс

Рабочие листы
к вашим урокам

Скачать

Скачать материал

Найдите материал к любому уроку, указав свой предмет (категорию), класс, учебник и тему:

6 669 473 материала в базе

Скачать материал

Вам будут интересны эти курсы:

Оставьте свой комментарий

Авторизуйтесь, чтобы задавать вопросы.

  • Скачать материал
    • 07.06.2017 7749
    • DOCX 106.5 кбайт
    • 56 скачиваний
    • Оцените материал:
  • Настоящий материал опубликован пользователем Хубиева Жанета Ахмедовна. Инфоурок является информационным посредником и предоставляет пользователям возможность размещать на сайте методические материалы. Всю ответственность за опубликованные материалы, содержащиеся в них сведения, а также за соблюдение авторских прав несут пользователи, загрузившие материал на сайт

    Если Вы считаете, что материал нарушает авторские права либо по каким-то другим причинам должен быть удален с сайта, Вы можете оставить жалобу на материал.

    Удалить материал
  • Автор материала

    Хубиева Жанета Ахмедовна
    Хубиева Жанета Ахмедовна
    • На сайте: 8 лет и 10 месяцев
    • Подписчики: 1
    • Всего просмотров: 28012
    • Всего материалов: 18

Ваша скидка на курсы

40%
Скидка для нового слушателя. Войдите на сайт, чтобы применить скидку к любому курсу
Курсы со скидкой

Курс профессиональной переподготовки

Методист-разработчик онлайн-курсов

Методист-разработчик онлайн-курсов

500/1000 ч.

Подать заявку О курсе
  • Сейчас обучается 184 человека из 48 регионов

Курс повышения квалификации

Специалист в области охраны труда

72/180 ч.

от 1750 руб. от 1050 руб.
Подать заявку О курсе
  • Сейчас обучается 36 человек из 22 регионов
  • Этот курс уже прошли 155 человек

Курс профессиональной переподготовки

Руководство электронной службой архивов, библиотек и информационно-библиотечных центров

Начальник отдела (заведующий отделом) архива

600 ч.

9840 руб. 5600 руб.
Подать заявку О курсе
  • Этот курс уже прошли 25 человек

Курс профессиональной переподготовки

Библиотечно-библиографические и информационные знания в педагогическом процессе

Педагог-библиотекарь

300/600 ч.

от 7900 руб. от 3650 руб.
Подать заявку О курсе
  • Сейчас обучается 499 человек из 71 региона
  • Этот курс уже прошли 2 332 человека

Мини-курс

Фундаментальные принципы здоровья и двигательной активности

2 ч.

780 руб. 390 руб.
Подать заявку О курсе

Мини-курс

Основы игровой деятельности дошкольников: роль игр в развитии детей

3 ч.

780 руб. 390 руб.
Подать заявку О курсе
  • Сейчас обучается 25 человек из 15 регионов
  • Этот курс уже прошли 21 человек

Мини-курс

Современные вызовы педагогической профессии: развитие профессионализма педагогов в контексте улучшения качества образования

10 ч.

1180 руб. 590 руб.
Подать заявку О курсе
  • Сейчас обучается 20 человек из 12 регионов
  • Этот курс уже прошли 14 человек