Темэр:
Макъ [ку], хьэрф Ку, ку.
Мурадыр: макъ [к]-р егъэбыдылIэн; макъыщIэ [ку]-р ягъэIуфу, псалъэм щиубыд щIыпIэр къахутэфу, макъ [ку]-р пычыгъуэм, псалъэхэм,
псалъэухам хэту щапхъэ къахьыфу егъэсэн; хьэрф Кк –хэр зыхэт пычыгъуэхэм,
псалъэхэм къеджэфу егъэсэн, сабийхэм я бзэм, я дуней еплъыкIэм зегъэужьын, я зэхэщIыкIым,
щIэныгъэм хэгъэхъуэн, я еджэкIэр
егъэфIэкIуэн.
ГъащIэр,
къыдалъхуахэр, ныбжьэгъухэр фIыуэ ялъагъуу, абыхэм иригушхуэу, пщIэ зэхуащIу,
зэгурыIуэу зэдэпсэуным еджакIуэхэр хуэзыгъасэ лэжьыгъэ ядегъэкIуэкIын.
Урокым
ехьэлIапхъэр. Ку ку – хьэрфхэр, ар зи цIэм хэт
предметхэр е абыхэм я сурэтхэр, пычыгъуэ таблицэр, хьэрф зэпыупщIахэр, цIыхухэм
махуэшхуэхэр зэрагъэлъапIэр къызэрыщ сурэт гъэлъэгъуэныгъэр.
Урокыр
зэрекIуэкIынур.
I.
Зэджар къегъэпщытэжын.
1.
Макъ [к] хэту урысыбзэм щыщу адыгэбзэм къищта
псалъэхэр сабийхэм къегъэгубзыгъыжын. (ряд къэс тес сабийхэр зэчэнджэщыжурэ
псалъэхэр къащIэж хъунущ. Псалъэм папщIэ: картэ, кашэ,
компьютер, космос, кино.
Зи хьэрф псори
яцIыху псалъэхэр хьэрф зэпыупщIахэмкIэ зэхегъэувэн.
2.
Мы макъыр, хьэрфыр адыгэбзэм и псалъэхэм
зэрыхэмытым сабийхэм гу лъегъэтэн псалъалъэм егъэплъауэ. НэгъуэщIыбзэм щыщ
псалъэхэр адыгэбзэм къыщыхыхьэм деж хьэрф к-р [ч]- макъыу дыкъоджэ. Псалъэм
папщIэ: ашык (ч), Налшык (ч), Аск(ч)эр, стэк(ч)ан, нэгъуэщIхэри.
3.
Мы усэ сатырхэм сабийхэр къегъэджэн. Зы псалъэухам
схемэ хуэщIын.
Сэ си
нанэр папэ и анэщ,
И псэр
адыгэпсэщ.
Сэ си
дадэ папэ и адэщ,
И бзэр
адыгэбзэщ.
|
Адыгэпсэ – нанэ и псэ,
Сыту упсэ дахэ!
Адыгэбзэ - дадэ и бзэ,
Сыту убзэдахэ!
|
Нало Заур
Сыт щыIэну анэм хуэдэу бын...э гуапэ?
Аращ и псэм, и нэм дыхуэзыхьыр япэ.
ЩоджэнцIыкIу Iэдэм.
II. ТемэщIэм елэжьын.
1.
Макъ [ку].
а) Къуажэхьыр
сабийхэм къегъэщIэн. Псалъэхэр зэриух макъым гу лъегъэтэн, а макъыр зи хуэдэр
жегъэIэн. Макъым и гуэгъур кърегъэIуэн. МакъыщIэр къызэрагъэлъагъуэ хьэрфыр
егъэлъагъун.
Яжьэ ныбэу хьэмбыIу
цIыкIу. (хьэку)
Тхьэмахуэм и 4-нэ
махуэ. (махуэку)
Дыкъыщалъхуа,
дыщыпсэу щIыналъэм доджэ - (хэку)
ГъуэлъыпIэр
зыгъэщабэу нэху щыху дызытелъым зэреджэр- (уэншэку)
Елэным (рысь) и
сурэт егъэлъагъун, абы нэгъуэщIу зэреджэр жегъэIэн. (былътырыку)
б) [ку] – макъыр
псалъэпэм, псалъэкум хэту псалъэ зыбжанэ сабийхэм къегъэгупсысын.
2. Хьэрф Ку ку –
хэр.
а) пычыгъуэ
таблицэмкIэ гъэлэжьэн.
а куэд
кусэ – псалъэм и пэм
э тыкуэн –
псалъэм и кум
ку
о утыку –
псалъэм и кIэм
у
и
е
б) Сабийхэр
къегъэджэн.
Кушыку екуэкуншэщ,
Шыкур екуэкубэщ.
2.
ТхылъымкIэ гъэлэжьэн.(нап.
61-нэ)
а) Къехыу тха
псалъэхэм къегъэджэн, псалъэ къэс я мыхьэнэр егъэубзыхун, хьэрфыщIэр зыхэт
пычыгъуэр, ар слиянием щыхыхьэмрэ щыхэмыхьэмрэ зэхагъэкIыфу егъэсэн.
б) Сытым и махуэ?
Мартым и 8-р - ….?
Апрелым и 12-р - ….? Майм и 1-р - ….? Майм и 9-р - ….?
Июным и 12-р - ….?
Декабрьм и 31-р - ….? Сентябрым и 1-р …..?
в) Вындыжь Мариерэ
Къэбардокъуэ Борисрэ зэдатха уэрэдым сабийхэр егъэдэIуэн. А уэрэдыр щIэту
махуэшхуэхэм теухуауэ кино, е компьютер гъэлъэгъуэныгъэм сабийхэр егъэплъын.
Нобэ махуэшхуэщ,
Налшык и махуэщ,
Махуэ гуфIэгъуэщ, ар ди гуфIэгъуэщ,
Дыгъэр мэгуфIэ, мазэр мэгуфIэ
Налшык мэгуфIэри, уей,
ГуфIэгъуэ махуэщи уей.
Гъэ куэд зи гъащIэ,
къалэ щIэращIэ, ди къалэ хахуэ,
Къалэр мэгуфIэ, уафэр магуфIэ
|
ЩIылъэр мэгуфIэ,
Налшык мэгуфIэри, уей,
ГуфIэгъуэ махуэщи уей.
Iэгур мэщэщэ,
джэгум къыпащэ,
Инхэри къофэ, цIыкIухэри къофэ
Уэри укъофэ, сэри
сыкъофэ,
Налшык мэгуфIэри, уей,
ГуфIэгъуэ махуэщи уей.
|
г)
Тхылъым и нап. 61-нэм ит «Махуэшхуэ» текстым сабийхэр
къегъэджэн.
VI. Яджар къызэщIэкъуэжын
- Сыт хуэдэ макъыщIэ къэтщIар?
- Сыт макъым хужывIэфыну?
- Сыт хуэдэ
хьэрфыщIэ къэфцIыхуар? Ар сыт хуэдэ щIыкIэкIэ къэхъуа?
- Сыт хуэдэ
Махуэшхуэхэр нэхъ гурыхьу къыфщыхъурэ? Фи унагъуэм ар дауэ ягъэлъапIэрэ?
Оставьте свой комментарий
Авторизуйтесь, чтобы задавать вопросы.