Сэри
сахуэдэщ къуалэбзуми,
И фIыщIэ хэкум сщымыкIуэд.
Си гъащIэр сыухми, схуэухынкъым
Си хэку нур хадэм и уэрэд.
К1ыщокъуэ
Алим
«КIыщокъуэр гъащIэм щIэщыгъуэу
хэлъыр гурыхьу, купщIафIэу, нэгъэсауэ зи тхыгъэхэм къыщызыгъэлъэгъуа тхакIуэщ.
Алим и макъыр ди къэралым и дэнэ щIыпIи щызэлъащIысащ. И псэм хуэдэу илъагъу
къызыхэкIа лъэпкъым и щIыхьыр абы лъагэу иIэтащ. КIыщокъуэ Алим и фIыгъэкIэ
лъэпкъ куэдым зыхащIащ къэбэрдей цIыхубэм я псэм и IэфIагъыр, лъэпкъым хэлъ
гуапагъэр, цIыхугъэр, лIыгъэр», – итхыгъащ балъкъэр усакIуэшхуэ Кулиев
Къайсын.
И ныбжьэгъу пэжым хужи1ам нэхъ лей хэт хужи1эфын К1ыщокъуэм, хэти ар
мыпэжу жи1эфын? Усак1уэу ущытын нэхъ гугъу сыт щы1э? Сытым щыгъуи лъагап1эм
утетын хуейщ. Тхыгъэ куэд и къалэмыпэм къыщ1эк1ащ Алим. Абы и тхыгъэхэм инми
ц1ык1уми зыгуэр къыхахыф. Алим зи гугъу имыщ1а темэ къэгъуэтыгъуейщ: щалъхуа
щ1ыналъэм, анэм, лэжьыгъэм,ныбжьэгъугъэм, лъагъуныгъэм, зауэм, мамырыгъэм,
щ1ыуэпсым, псэущхьэхэм, къуалэбзухэм, и анэдэлъхубзэм. Алим и усэхэм къыщалъхуа щ1ыуэпсым и фэхэр, л1ыжь щхьэ тхъуахэм я 1ущагъыр, къыщалъхуа и жьэгур,
адыгэ къафэ ек1ур хэлъщ. Абы и усэхэм пц1ы хэлъкъым, и псалъэхэм
уау1э сэ жану. Зэманк1э псори п1эщ1оужагъуэр, ауэ абы и тхылъхэр сытым щыгъуи щ1эщыгъуэщ.
Зы тхыгъэм дапщэрэ уемыджами, къытебгъазэурэ уеджэху щ1э гуэр хыбогъуатэ.
Сэ зи гугъу сщ1ыну сызыхуейр К1ыщокъуэм и усэ Хэкум теухуахэращ.
"ЦIыхуи ирехъу, хьеуани ирехъу псэ зыIутыр, гъащIэ зиIэр и лъэпкъэгъум,
къызыхэкIам яхэтыжмэ, зыхуей егъуэт, лъабжьэр егъэбыдэ. Удз гъэгъа къудейр
къащтэ: зыхэт щIым зэрыхэту езым хуэдэ зэрымыт щIыналъэм пхьырэ щыхэбгъэувэмэ,
зиужьу жылэ къыпыкIынукъым, дахэу къэгъэгъами, и тхьэмпэр пылъэлъыжынурэ
кIуэдыжынущ."- К1ыщокъуэ Алим и псалъэщ мыхэр. Умыгъэщ1эгъуэну плъэк1къым
абы Хэкум хуи1э ф1ылъагъуныгъэр къызэри1уэтэф щ1ык1эр. Ц1ыхур щалъхуам щылъэщщ,
ар нэгъуэщ1ып1э насыпыф1эу щыпсэуфынукъым жи1эу аращ а псалъэхэм къарык1ыр. "Зеич
лант1э" усэм усак1уэм и адыгэ хэкум папщ1э игу илъыр къыще1уатэ. Адыгэ
хэкум зы удын къытехуэмэ, удынищэ езым зэхищ1эу къыщохъу:
Зы уIэгъэ уэ къыптехуэм,
Си адыгэ хэку,
УIэгъищэу зэхызощIэ,
Си адыгэ хэку.
Зи хэкур ф1ыуэ зымылъагъухэми
яхуэфащэ ялъегъэс: Зи
щIасэгъухэр зи жагъуэгъум,
Си адыгэ хэку,
Хигъэгъуащэу зи мыхабзэ,
Си адыгэ хэку.
Узижагъуэр псым хрепкIэ,
Си адыгэ хэку,
КIэлъыхэпкIэри епкIыхыу,
Си адыгэ хэку.
Упсэууэ зыщубжыр, дунейм утету зыкъыщыпщыхъур уи хэку уисыжмэщ,
ар къыхощ К1ыщокъуэм и усэ "Адыгэ уафэм": Адыгэ уафэ,
Адыгэ щIылъэ,
Уэгум сихьамэ,
ЩIылъэр си плъапIэщ.
Адыгэ уафэ,
Адыгэ щIылъэ,
Уи лъахэм ситмэ,
Дунейм сытеткъэ.
К1ыщокъуэм апхуэдизк1э къыщалъхуа къуажэжьыр ф1ыуэ илъагъурти
Переделкино щи1э унэ ц1ык1ур Щхьэлыкъуэ ириша мывэхэмк1э ищ1ат. А унэ ц1ык1ум
Алим гъэмахуэхэм щыпсэурт, и псэм зыщигъэпсэхууи жи1эрт. А унэ блынхэм ящ1эж
иджыри Алим, Къэбэрдей псом езыр зэрытщ1эжым хуэдэу. Алим
и анэмрэ хэкумрэ зэбгъэдэх имы1эу игъэуват - и Хэкум епц1ыжыр и анэм епц1ыжауэ
къыщыхъурт: ГъащIэм анэр и
щIэдзапIэщ,
Анэм дежи щеухыж. …
Анэм и гур бжьоуц щабэщ,
И гуэныхьи птемыкIыж. Сэ
къызэрысщыхъумк1э, дэтхэнэ ц1ыху тэмэмми апхуэдэ гупсысэк1э и1эн хуейщ - анэмрэ
хэкумрэ зыщ, ф1ыуи лъагъун хуейщ. Гъащ1эм
щыхъумэн хуей 1уэхугъуэхэм гу лъозыгъатэ тхыгъэхэщ К1ыщокъуэ Алим и 1эдакъэ
къыщ1эк1ахэр. К1ыщокъуэм хуэдэ тхак1уэ ди лъэпкъым къызэрыхэк1ам дригушхуэу
дыпсэун хуейщ.
Оставьте свой комментарий
Авторизуйтесь, чтобы задавать вопросы.