Джэгу
зэпеуэ « Сэ сощ1э си бзэр» (3-4 кл)
(Класс
къэс командэ зырыз къызэрагъэпэщ, еджак1уэ тхурытху хэту, ц1э зыф1ащ, эмблемэ
ягъэхьэзыр)
1
конкурс "Псалъэ зэхэлъхьэн"
(хьэрфхэр
зэблэгъэувык1ауэ псалъэ зэхэлъхьэн))
1
командэ: ащэгу(гуащэ), тлъых(тхылъ), эджуд(джэду),аэщм(мащэ)
2
командэ: эщым(мыщэ), дзэыгъу(дзыгъуэ), ылэгъ(лыгъэ), хуэма(махуэ)
3
командэ: тсэма(мастэ), жбаэ(бажэ), хэалъ(лъахэ), маудр(мурад)
2
конкурс «Псынэ ц1ык1у, псы дегъафэ"»
Куэдрэ
сабийхэр мэзым щ1этащ. Ешахэщ, псы яхуэл1ащ. Псынэ къагъуэтыну т1асхъэщ1эххэр
ягъэк1уащ. Псынэр къагъуэта щхьэк1э псы къригъафэхэркъым. "Етхуанэр лейщ"
джэгук1э япэ щ1ык1э джэгун хуейуэ къахуегъэув.
1
командэ: псы, псынэ, псыгъуэ, псыкъуий, нэпс .
2
команда: псынэпс, псыхьэлыгъуэ, нэпс, псэ, псывэ.
3
командэ: псылъэ, псыпц1э, хьэпс, , псыбафэ, , псыдзэ,
3
конкурс «Унэ к1ыф1»
Мы
пычыгъуэмк1э къыщ1идзэ псалъэ нэхъыбэ къэгупсысын:
лъап
- - -;
(лъапэ,
лъапхъуампэ, лъапашэ, лъапсэ,лъапсэрых,лъапсей, лъапщэ, лъапэху,лъапэрисэ, лъапэпц1ий,лъапэхъу
)
4
конкурс «Адыгэ псалъэжьхэр фщ1эуэ п1эрэ?»
Иджы,
ц1ык1ухэ, сэ къезгъажьэ псалъэжьхэр фэ нэвгъэсыж1.
1.
Мылажьэ..... (ягъашхэркъым)
2. Уи
япэ мывэ хъурей бгъажэмэ....(ухуозэж)
3. Бжьэ зыдэсым...( фо дещIэ)
1. Бзурэ пэт....( абгъуэ ещI)
2. Вы
зимыIэм....( шкIэ щIещIэ.
3. Гур щыкъутэм....( щащIыж)
1. Гъэм и
зы махуэм .... (щIымахуэм уегъашхэ)
2.
Гъэмахуэм къыумылэжьа....(щIымахуэм бгъуэтыжыркъым)
3.
ЗэдэпщIэ щIэхщи....(зэдэшхэ IэфIщ)
1. Нэхъыжь
к1элъыджэркъым-...(к1элъок1уатэ)
2. Щ1эныгъэрэ 1эщ1агъэрэ... ( зэкъуэшщ)
3. Куэд жызы1э нэхърэ,...(куэд зылэжь)
5
конкурс «Псалъэхэм я мыхьэнэр»
1)Гуэрэн
(куэд)
2)
Гуажэ(жагъуэ хъун)
3)Гугъэ(
гугъап1э(надежда)
6
конкурс “Псэущхьэхэм я ц1эхэр адыгэбзэк1э пщ1эрэ?”.
1)Ворона,
лебедь(къыу), выдра(къундуз)
2) Сова,
цапля (къру),барсук (уашхэ)
3)Воробей,
дятел (жыгыу1у), буйвол (Хьэрэ, хыв)
7
конкурс «Къуажэхьхэр къэщ1эн»
1) Уи
нэр зэтеп1ауэ сыт плъагъур? (Пщ1ыхьэп1э)
2) Дэнэ
ук1уэми пк1эрымык1? (Ныбжь)
3)Нэхъыбэ къэпщтэху нэхъ ин мэхъу. (Кумб)
1)Мастэ зи куэд, 1уданэ зимы1э. (Цыжьбанэ)
2)Ц1ыхум
и ныбжьэгъу, джэдум и жагъуэгъу. (Хьэ)
3)Мэзым
илэжьак1уэ, дохутыр 1эзак1уэ. (Жыгыу1у)
1)П1астэм
хэ1эбэрей, ауэ мышхэрей. (Бэлагъ)
Гъущ1
лъэбжьанэ, вагъэ гъэщабэ. (Пхъэ1эпэ)
2)Псы
жэм и щ1хьэтеп1э, щхьэтеп1э 1эта. (Лъэмыж)
3)Ягъэт1ылъмэ
– лъэмыж, ягъэувмэ – лъэуей. (Пк1элъей)
8 конкурс "Хэт нэхъ
псынщ1эу?"
Псалъэуха
къэс глаголитху хэту псалъэуха зэхэлъхьэн.
(« Мамэ мэпщаф1э, унэр зэлъы1уех, мэдыжэ, мэжьыщ1э, ету тредзэ». «Папэ машхэ,
тутын йофэ, газет йоджэ, телевизор йоплъ, мэжей».)
Оставьте свой комментарий
Авторизуйтесь, чтобы задавать вопросы.