Темэр:
Макъ, хьэрф В, в.
39-нэ
урок (нап. 64-нэ)
Мурадыр: макъ [жь]-р, хьэрфхэу Жь, жь –хэр егъэбыдылIэн; макъыщIэ [в]-р ягъэIуфу,
псалъэм щиубыд щIыпIэр къахутэфу,
макъ [в]-р пычыгъуэм, псалъэхэм, псалъэухам хэту щапхъэ къахьыфу егъэсэн; хьэрф
Вв –хэр зыхэт пычыгъуэхэм, псалъэхэм къеджэфу егъэсэн, гъэхуауэ псалъэу,
псэлъэмакъ ныбжьэгъухэм, егъэджаIуэм даIыгъыфу егъэсэн, я зэхэщIыкIым,
щIэныгъэм хэгъэхъуэн, я еджэкIэр егъэфIэкIуэн.
Сыт
хуэдэ лэжьыгъэми пщIэ хуащIу есэнымкIэ гъэсэныгъэ лэжьыгъэ ядегъэкIуэкIын.
Урокым
ехьэлIапхъэр. В в – хьэрфхэр, ар зи цIэм хэт
предметхэр е абыхэм я сурэтхэр, пычыгъуэ таблицэр, хьэрф зэпыупщIахэр, губгъуэ
лэжьыгъэм теухуа сурэт гъэлъэгъуэныгъэр, компьютеркIэ
ебгъэлъагъу хъунущ губгъуэр зэравэр, гъавэм зэрелэжьыр, къуажэхьхэр, псынщIэрыпсалъэхэр.
Урокыр
зэрекIуэкIынур.
I. Зэджар къэпщытэжын:
1. Доскам тет е компьютеркIэ ялъагъу сурэтхэм къарыщ предметхэм я
фIэщыгъэцIэхэр хьэрф зэпыупщIахэмкIэ зэхегъэувэн
Бжьэ, бжьо,
мажьэ, жьауэ, ужьэ, бжэ, жьынду
Мы псалъэхэм
сабийхэр къегъэджэн, фонетикэ и лъэныкъуэкIэ егъэлэжьын.
2. Тхылъым ит псалъэхэм, псалъэухахэм къегъэджэн. А псалъэхэм
къагъэлъагъуэм теухуауэ ящIэр къегъэIуэтэн. Псалъэ зытIум, зы псалъэухам я
схемэ егъэщIын.
- гъэм и зэман
къэзыгъэлъагъуэ псалъэм;
- хуэм,
щхьэхынэ къызэрыкI псалъэм;
- шхын
зэрагъэIэфI хадэхэкIхэр;
- икъукIэ,
егъэлеяу, мыщхьэхыу къызэрыкI псалъэм;
- псэущхьэхэм я
цIэ;
- бжьом и
щытыкIэр къыщыгъэлъэгъуа псалъэухам;
- Бжьор щыпсэур
къызыхэщ псалъэухам;
-Дадэ щылажьэр
къыбжезыIэ псалъэухам;
- Бжьэхэм
лэжьэн зэрафIэфIыр къызыхэщ псалъэухахэм.
- мыхьэнитI-щы
къызэрыкI псалъэхэм.
3. ПсынщIэрыпсалъэм къегъэджэн
Пыжь пызу пыту
иту щыту жыг,
Пыжь пызу пыту
иту щыту жыг
4. АфIэунэ Лиуан и «Жьынду» усэм щыщ сатырхэм къегъэджэн.
Жьын-жьын-жьын,
Жьын-жьынду,
Пэ сыринэ,
Дамэду
5. Ди мэлыжьу Iэсэр сыту мэл сэбэп,
Щабэрэ
хужьыбзэу абы цы Iу… тетщ.
II. ТемэщIэм елэжьын.
1.
Макъ [в].
а) Сыт хуэдэ цы
мэлым тетыр? (Iув)
Сыт хуэдэ макъ мы
псалъэр зэриухыр? (в)
Сыт мы усэ цIыкIум
макъ [в]-р хьэрфкIэ къыщIэмыгъэлъэгъуар? (дджакъыми).
[В] макъыр
къызэрагъэлъагъуэ хьэрфыр зыцIыхухэм къэвгъэлъагъуэт. ЗымыцIыхухэр феплъ, фи
хьэрф зэпыупщIахэм къыхэвгъуати къэвгъэлъагъуэ.
Мэлым теухуа усэ
цIыкIум хьэрфыр хэвгъэувэж.
б) АфIэунэ Лиуан и
«Шофер» усэ вввв – макъыр хэгъэувауэ сабийхэр гъэджэгун. Вввв – макъыр
щагъэIукIэ, хьэрфыр къегъэIэтын.
Машинэм дису дожьэ, гъуэгум тетхэм зыкъыдогъащIэ.
ПIи-пIи-пIипI!
ПIи-пIи-пIипI!
Ввввввввввввв.
ТекI си гъуэгум , МутIэлиб!
ПIи-пIи-пIипI!
ПIи-пIи-пIипI!
Ввввввввввввв.
|
Уэри, МIутIэ, уэри, ШутIэ, Фымыбэлэрыгъ. Ввввввввввввв.
Сэ иджыри
Си маршынэ рулыр
ФIыуэ схуэмыIыгъ
Ввввввввввввв.
|
в)
Макъым и къэхъукIэм кIэлъыгъэплъын. Фонетикэ и лъэныкъуэкIэ егъэлэжьын. Макъыр сыт хуэдэми, апхуэдэу щIегупсысым и щхьэусыгъуэри, ар удзыфэ
линием щIитын хуейри сабийхэм жегъэIэн.
2. Хьэрфым елэжьын.
а) Пычыгъуэ
таблицэмкIэ гъэлэжьэн
б) Сытым ещхь мы хьэрфыр?
в) Вв-хьэрфхэр хэту пычыгъуэхэр, псалъэхэр
хьэрф зэпыупщIахэмкIэ зэхегъэлъхьэн. Хьэрфхэр пластилиным къыхегъэщIыкIын.
г) ПсынщIэрыпсалъэм хэт макъыщIэр зыхэт
псалъэхэр кърегъэIуэн, абы фонетикэ и лъэныкъуэкIэ егъэлэжьын.
Iэмин IэпслъэпсыщIэ Iэрыхьащ,
Iэмин IэпслъэпсыщIэ IэщIыхьащ.
д) В-р ягъусэмэ пычыгъуэ
зэIухаи зэхуэщIаи къагъэхъу.
э и
в ы в
е в о
а у
3. ТхылъымкIэ
гъэлэжьэн.
1. Псалъэ къэс
къегъэджэн. Абыхэм къарыкIыр къазэрыгурыIуэр жегъэIэн, егъэджакIуэм сабийхэм
ныжамыIэсэр дищIыгъужын. Фонетикэ и лъэныкъуэкIэ зэпкърегъэхын. Псалъэхэр зэрыт
зэманым, щхьэм гу лъегъэтэн (я ныбжь, яIэ щIэныгъэ елъытауэ къазэрыгурыIуэкIэ),
псалъэхэм языныкъуэхэр хьэрфышхуэкIэ щIэтхам и щхьэусыгъуэр жегъэIэн. И –р
щымакъзешэмрэ щыдифтонгымрэ, у-м и ужькIэ [ы] макъ зэрыщызэхэтхыр, ауэ зэи
зэрыдмытхыр ягу къэгъэкIыжын, слияниехэр псалъэхэм къахегъэщхьэхукIын.
2. Сурэт
гъэлъэгъуэныгъэ къызэгъэпэщамкIэ сабийхэр губгъуэ лэжьыгъэхэм щыгъуазэ щIын.
Тхылъым ит сурэтым къигъэлъагъуэр гъэм и сыт хуэдэ зэманми сабийхэр гъэгупсысуэ
къегъэхутэн.
3. «Вэн-сэн»
текстым къегъэджэн.
Жылэ гъатхэми,
бжьыхьэми трасэр. Бжьыхьэм трасэ гуэдзым бжьыхьэсэкIэ
доджэ. Бжьыхьэм къыхэкIа гуэдз удзыпэ цIыкIухэр щIымахуэм
уэс щIагъым щIэтщ, щIыIэм щимысу, дыгъэ тепсэмэ, уэс щIэткIукIым и псым «ефаурэ»
жылэ цIыкIу къикIыкIар хохъуэ. Гъатхэ дыгъэмрэ гъэмахуэ дыгъэ гуащIэмрэ ягъэхъупэри гуэдз щхьэмыж пIащэ хъуауэ
гъэмахуэм Iуахыж.
Губгъуэ лэжьыгъэ
гугъум елэжь я къуажэгъу, я цIыхугъэ, я благъэхэм сабийхэр тегъэпсэлъыхьын.
Абыхэм къагъэкIхэм, абы лэжьыгъэ ирахьэлIэхэм теухуауэ ящIэр сабийхэм
къегъэIуэтэжын.
4. Лэжьыгъэм,
гуащIэдэкIым теухуа псалъэжьхэр ягу къэгъэкIыжын.
III. ТемэщIэр
егъэбыдылIэн.
1.Къуажэхьхэр:
Тыру щыIэм я нэхъ фIыцIэ,
ФIыцIэу щыIэм я дамыгъэ. (вынд).
|
Лыду щыIэм я нэхъ куэд,
Куэду щыIэм я нэхъыбэ. (вагъуэ).
|
Бжьакъуэ къуагуэ, джэмыдэжь,
Гъатхэ вэгъуэм лэжьакIуэжь. (вы).
(Пасэ зэманым,
трактор къыщамыгупсысам щыгъуэ выр пхъэIэщэм щIащIэти иривэрт).
2. ПсынщIэрыпсалъэхэр:
Вакъэ Iув, вакъэ выгу.
ЦIывыр вагъэм къыхэмыкI, цIывым
гъавэ къимыгъэкI.
3. УпщIэхэр:
- Гъавэхэр
псалъэм хыхьэ къэкIыгъэхэр къевбжэкI.
- Пхъэщхьэмыщхьэ,
хадэхэкIхэр сыт хуэдэ?
- Сыт хуэдэ къэкIыгъэхэм щхьэкIэ жаIэрэ: хащIэ, хасэ, трасэ, ягъэтыс? (кIэртIоф, балыджэ, гуэдз, ху, нартыху, балией, псей).
III. Яджар
къызэщIэкъуэжын:
- Сыт хуэдэ
макъыщIэ нобэ зи гугъу тщIар?
- Ар хэту сыт хуэдэ
псалъэхэм дыкъеджа? Абыхэм ятеухуауэ сыт щIэуэ къэфщIа?
Оставьте свой комментарий
Авторизуйтесь, чтобы задавать вопросы.