Темэр:
Макъ [жь], хьэрф Жь, жь хэр.
38-нэ
урок (нап. 62-нэ, 63-нэ)
Мурадыр: макъ [ку]-р егъэбыдылIэн; макъыщIэ [жь]-р ягъэIуфу, псалъэм щиубыд щIыпIэр къахутэфу, макъ [жь]-р пычыгъуэм, псалъэхэм,
псалъэухам хэту щапхъэ къахьыфу егъэсэн; хьэрф Жь, жь –хэр зыхэт пычыгъуэхэм,
псалъэхэм къеджэфу егъэсэн, сабийхэм я бзэм зегъэужьын, я зэхэщIыкIым,
щIэныгъэм хэгъэхъуэн, я еджэкIэр егъэфIэкIуэн.
Къэзыухъуреихь
дунейм гулъытэ хуащIу, лэжьыгъэр фIыуэ ялъагъуу еджакIуэхэр хуэзыгъасэ лэжьыгъэ
ядегъэкIуэкIын.
Урокым
ехьэлIапхъэр. Жь, жь – хьэрфхэр, ар зи цIэм
хэт предметхэр е абыхэм я сурэтхэр, пычыгъуэ таблицэр, хьэрф зэпыупщIахэр,
бжьэмрэ бжьомрэ щыпсэу, зэрыпсэу щIыкIэхэр къызэрыщ сурэтхэр.
Урокыр
зэрекIуэкIынур.
I. Яджар
къегъэпщытэжын.
1. Макъхэу [ху], [Iу], [гу], [ку]- хэр ягъэгъэIун, ахэр зыхэт псалъэ
зыбжанэ щапхъэу къегъэхьын.
2. Вывод ящI: мыхэр псори макъ дэкIуашэ дэгущ, Iупэр хъурей хъууэ къапсэлъщ; езы хьэрфхэм я закъуи псалъэщ, сыт щхьэкIэ
жыпIэмэ фIэщыгъэ, Iуэху щIэным къыхуезыджэ къагъэлъагъуэ.
Ху – пIастэ, кашэ,
хьэнтхъупс къызыхащIыкI гъавэ, хупцIынэр ху (лакъум, хьэлывэ, дэлэн щащкIэ),
фIэмыфIу шынагъэкIэ зыгуэр зыщIыпIэ гъэкIуэн.
Iу – жьэ кIуэцI, Iу
– си макъыр жыжьэ нрес жыхуиIэщ.
Ку – предметым и
зэхуэдитIым хуэзэ, и кIуэцIым илъ.
Гу – цIыхур
зыгъэпсэу, хугур щабэ щIы.
1.Тхылъым и нап 6I-нэм къегъэджэн.
Псалъэ къэс
къеджэн, абы нэгъуэщI псалъэхэр къыхэджыкIын. Ку-сэ, ку, сэ, усэ, уэс. Куэ-бжэ
– куэ, бжэ, жэ, уэ, бжэку, … Махуэшхуэ – махуэ, шхуэ, хуэ, хуэш, шэху, хуэм,
…., нэжэгужэщ – нэ, жэ, гу, жэщ, нэгу, гуэщ, гуэн ….
2. ПсынщIэрыпсалъэхэм къегъэджэн.
Уэ усэшхуэншэмэ, сэ усхуэсэшхуэншэ –
Уи щхьэ ухуэсэшхуэншэжщ.
|
Мейм мищэ щыпыщэщым
Щэщэща пшащэм мыщэ щопэщащэ.
|
ТемэщIэм елэжьын.
1.Къуажэхьхэр къегъэщIэн. Жэуап псалъэр
зэриух макъым гу лъегъэтэн. Сыт хуэдэ макъми егэубзыхун. Ар къызэрагъэлъагъуэ
хьэрфыр егъэцIыхун.
БбгъэдэмыкI лъакъуэ кIыхь (ныбжь).
КъыIэрыхьэр зышх, ишхыр зымыпшыныж (дыгъужь).
2.Усэрыбжэм [жь]-макъыр зыхэт псалъэхэр
къыхэгъуэтэн. Макъыр здэщыт щIыпIэр гъэбелджылын.
Уэ унэкIу, сэ сынэкIу
Бадзэрэ дзищэрэ,
ХьэмышкIутIэ,
ШыкIунтIарэ,
|
Бэрэжьей,
Жьынду,
Хьэлъэф,
Елъэфажьэ
|
3.Щапхъэ зыбжанэ
сабийхэм къегъэгупсысын. Ахэр хэту псалъэуха зэхегъэлъхьэн.
4.Пычыгъуэ таблицэмкIэ гъэлэжьэн.
5.Хьэрф зэпыупщIэхэмкIэ псалъэ зыбжанэ
зэхегъэувэн.
Пыжь, жьауэ, жьы, бэрэжьей, жьынду, жьыуэ, ужьэ, мэлажьэ.
Псалъэхэр пычыгъуэкIэ зэпегъэудын, слияниехэр къыхэджыкIын.
6.Тхылъым и нап. 62-нэм ит псалъэхэм
къегъэджэн, къарыкIыр жегъэIэн, сурэткIэ егъэлъагъун, псалъэ къэс нэгъущI
псалъэхэр къыхегъэджыкIын, слияниехэр псалъэхэм къыхегъэгъэбелджылыкIын.
7.Бжьэхэм теухуа хъыбарым къахуеджэн е
хьэрф псоми щыгъуазэ сабийр къегъэджэн.
Зэгуэрым
бжьэхэр зэIущащэу бжьахъуэм зэхех: «ЖыжьэIуэ долъатэ, нэхъ гъунэгъуу мэзыр щытамэ, фо нэхъыбэ тхуэщIынут», жаIэу. Бжьахъуэм бжьэхэр жыг гъэгъа нэхъыбэ
здэщыIэм гъунэгъуу ирешалIэри егъэув.
Бжьэхэм увыIэ ямыIэу мэлажьэ – фо ящI.
Къэрмокъуэ
Хь. «Бжьахъуэ»
- Сыт фор зи
сэбэпыр? (Узыншагъэм).
- Мыщэр щIэкъарууфIэшхуэр фо фIэфIщи арауэ къыщIэкIынщ. Бжьэ
зыгъэхъу, зезыхуэ, елэжь лIым бжьахъуэкIэ доджэ. Бжьэхэр зыдэс матэ цIыкIухэр (бжьэхэм я унэ цIыкIухэр)
куэду щызэхэт щIыпIэм бжьаIуэкIэ доджэ. Бжьэхэр гъэгъа здэщыIэм мэлъатэ, гъэгъам фо къыпахри матэ цIыкIухэм далъхьэ. БжьаIуэм ар къыдехри хьэкъущыкъухэм
ярекIэ.
8. «БжьаIуэ»- текстым къегъэджэн
9. Шоджэн Леонид и
«Бжьэматэ» усэм къахуеджэн.
Унэ цIыкIуу уэнжакъыншэ,
Унэ цIыкIуу унагъуэшхуэ,
Зи бын цIыкIухэр лэжьакIужшхуэ.
Бынхэм IэфIыр кърахьэлIэ,
IэфIым ещIыр унэр хьэлъэ.
Унэр хьэлъэ зэрыхъуххэу,
Дадэ унащхьэр трех,
|
ФIыуэ тлъагъури къыдех,
Къыдихари дэ къыдет:
«Фышхэ, цIыкIухэ, зывгъэтхъэж».
Дэри фор щIэдгъэмэракIуэу,
Мыр жыдоIэ дадэ лъапIэ:
«Сыту фIыт узэрыдиIэр,
Уэ бжьэ матэ узэриIэр».
|
10.
Нап.63-нэр къеджэрей сымэ я Iыхьэщ. Мыбы къегъэджэн хуейр
щIэныгъэ нэхъыбэ зиIэ сабийхэращ.
Зэман уиIэмэ.
Жьынду
къуртым жеIэ: «СывгъэлъапIэ,
Жьы
къыскIэщIевгъахумэ, токI фи напэр.
ЖьантIэм сывгъэтIыси фысхуэплъыр:
«Жьынду
шырщ сэ къисшыр – мыбгъэ шыр».
Багъ
Николай
Къуажэхьхэр:
Уэшх къемышхмэ ди
Iэпэгъу,
Уэшх къешхами ди
ныбжьэгъу. (жьауэ).
Тыр щхьэ матэ, зи
нэр топ. (жьынду).
|
ПсынщIэрыпсалъэхэр:
Жьыбгъэм
джэджьейр ирехьэжьэ,
Псыдзэм бдзэжьейр
ирехьэжьэ.
Лыбжьэ гъэлыбжьа,
жьэрымэ гъэжьа.
ЛIыжь жьакIуэ, цыжь щIакIуэ.
|
Оставьте свой комментарий
Авторизуйтесь, чтобы задавать вопросы.