Сыныхуоусэр
сэ ди къуажэм,
Зэман
блэкIахэм сроплъэж…
ЩIэмычэу
си гур Iэджэм мажэр:
Зэм
тхыдэщ, зэми гукъэкIыжщ.
Зэми,
гупсысэм хэзэрыхьу,
КъощIэрэщIэж
сигу къинэжар,
Дуней
къытхуагъэнам лъэрыхьу
Тета
нэхъыжьхэм жаIэжар.
Къум
щIыпIэм итыр псы хуэлIамэ,
Хуэпабгъэм
хуэдэу псы ефэн,
Къелъыхъуэ
псалъэ си къалэмым -
Си
Абыкъухьэблэм хуэфэщэн.
Пщэдджыжь
пшэкIэплъыр
дыхьэрэну
Дзэлыкъуэ
псыхъуэм мэхъур дэз,
Дыгъэм
и бзийхэр хиухуанэу,
Пшэху
Iувым хухедыкI и нэз.
Салъкъыну
къабзэ акъужь мащIэр
Къэдабэ
хъупIэхэм щоджэгу,
ЗыщIагъэкъуауэ
уафэ лъащIэм,
Къурш
щхьэхухэм къызэIуах я нэгу
…
Сытетщ уи бжьэпэм, адэ лъахэ,
СыныпхуокIуэж,
си анэ куэщI.
СоIэтыр
уэркIэ си щхьэр лъагэу,
Уэ
къызыбот къару мыкIуэщI.
Сыныпэджэжу
уэ уи тхыдэм,
Уи
уэрам бгъуфIэхэм сыдэтщ,
Си
гущIэм нуру къыхуэлыду,
Уэ
уи къежьапIэр нэгум щIэтщ.
КъэбэрдеищIым
мызэ-мытIэу
УщыIэпхъуэну
къыпхуихуащ,
НэгъуэщIым
хуэлэжьэн умыдэу,
Гумыпсым
и бгъум унэсащ.
|
Ар
адыгэщIым и зы кIапэт
Къызэриухуэрэ
дунейр,
Ущыпсэунумэ
– псэупIэт,
Си
къуажэри арат зыхуейр.
ЩIым
гъавэ бэвыр
къыщагъэкIырт,
Я
Iэщыр хуэдэт вагъуэпэбж.
Сэ
си къуажэгъухэм
куэд
ялъэкIырт:
А
псор дэфтэрхэм къаIуэтэж.
Тхьэм
къаритауэ я Iэзагъэр
Хэку
псом цIэрыIуэу зэлъащIыст:
Iэпслъэпсыр,
уанэр зи IэщIагъэ
Си
Абыкъухьэблэм куэду дэст.
КъыхащIыкIыфу
сытри гъущIым
Си
къуажэ гъукIэхэр есат,
Адыгэ
щIакIуэу фызхэм ящIым
Я
щытхъур Бытырбыху нэсат,
Шууейхэр
дэсхэт хьэблэ къэскIэ,
Шыгъажэ
хъуам лъэрытемытт.
Псыхуабэ
щIыпIэм ис шэрджэсхэр
ЖезыгъэIахэм
япэ дитт.
КъыдокIыр
сэ си Абыкъухьэблэм
Лъэпкъ
тхыдэм хыхьэу
лъагъуэ
куэд,
ЩIаджыкIыр
нобэ ахэр щIэблэм,
ЯIэнукъым
абыхэм кIуэд.
ЩIэныгъэ
куухэм Москва къалэ
Адыгэу
япэу щыхуеджар –
Къуэдзокъуэ
Мухьэмэд и щIалэ –
Лэкъумэн
– ди къуажэрщ
къыщалъхуар.
|
Лэкъумэн
щыцIыкIум урыскъану
Уэркъ
унагъуэшхуэм иратат,
КъыфIащри
Дмитрий,
Москва
къанэу
Щеджэну
гъуэгу хузэIуахат.
Къеухри
университетыр,
Адэжь
щIыналъэм къегъэзэж…
…
ГуфIэгъуэ зэфэзэщым хэту,
Мес,
Абыкъухьэблэм ныхуокIуэж.
И
пащхьэм губгъуэр щощIэращIэ,
Псынэпсу
къабзэщ уафэ лъащIэр.
Псэ
пыт къыфIощI Гумыпс ежэхым,
И
IэплIэр къуажэм къызэIуехыр.
Нэгу
зэIухакIэ къыпежьауэ,
Къудамэр
жыгхэм къыхуаший.
ГущапIэ
IэфIу а жыг жьауэм
Щагъэжеящ
ар щысабийм…
…
Лэкъумэн, щапIами щIыпIэ
жыжьэм,
ИщIэжырт
къыщежьар и къуэпс,
И
адэ жьэгу зыщимыIэжьэу
Абы
Iуэху инхэм зыхуегъэпс.
Абыкъухьэблэжьым
щыщ
шэрджэсыр
Яхуэхъурт
тетхэм чэнджэщэгъу,
Нэгумэ
Шорэ и шу гъусэт,
Лермонтовыр
и ныбжьэгъут.
ХэмыкIыу
зэи и гулъытэ,
ЩIыгъут
ХьэтIохъущокъуэхэ
Къазий,
Щагъаблэрт,
нуру зэщIэлыдэу,
Лъэпкъ
гущIэм щIэныгъэм
и
бзийр.
|
Оставьте свой комментарий
Авторизуйтесь, чтобы задавать вопросы.