2 класс Урок№23
Каб/лит 05.12.2016г
Темэр: Гъэм
и зэманхэр.ЩоджэнцIыкIу
Алий «ЩIымахуэ».Щ1ымахуэ
зэманыр.
Мурадхэр: Тхылъеджэм
и1эн хуей зэф1эк1хэм сабийхэр хуезыгъасэ лэжьыгъэ егъэк1уэк1ын, ядж усэм къыхах
гупсысэхэр къа1уэтэфу егъэсэн,усэм и гъэпсык1эрм къэзыухъуреихь дунейм къыщыхъу
зэхъуэк1ыныгъэхм теухуауэ я1э щ1эныгъэхр егъэбыдыл1эн, дахагъэр сабийхэм
зэхегъэщ1эн, ар хъумэн, егъэф1эк1уэн зэрыхуейм хуэгъэсэн; дунейм и къэхъукъащIэхэмрэ
щIымахуэм
и щытык1эхэмрэ теухуауэ еджак1уэхэм я1э щ1эныгъэр егъэбыдыл1эн; тхыгъэм къеджэнымк1э
яхузэф1эк1ыр егъэф1эк1уэн, я бзэм зегъэужьынымк1э лэжьыгъэхэм пыщэн, егъэф1эк1уэн.
Урокым къыщыгъэсэбэпыпхъэр.
Щоджэн ц1ык1у Алий теухуа презентацэ. Щ1ымахуэм
и дахагъэр къызэрыщ сурэт, компьютерк1э гъэлъэгъуэныгъэхэр.
Урокыр зэрек1уэк1ынур
I.
Урокым и темэмрэ мурадымрэ еджак1уэхэм ябгъэдэлъхьэн.
II.
Унэ лэжьыгъэр къэпщытэн.
1)
«Сыту уеджэну» тхыгъэм къегъэджэн, абы дерс къыхахахэр къегъэ1уэтэн.
2) «Си Iуэху хэлъкъым» тхыгъэм къегъэджэн.
- Дауэ къыфщыхъуа щ1алэ ц1ык1уит1ым ялэжьар?
-Абыхэм яп1э фитамэ фэ сытыт фщ1энур?
III.
Темэщ1эм хэшэн:
1)
Упщ1эхэм жэуап ирегъэтын:
-Сыт щ1ымахуэр фигу щ1рихьыр?
- Сыт щ1ымахуэм фигу иримыхьу хэтыр?
2) Щ1ымахуэм и нэщэнэхэр къыжегъэ1эн.
(Адэк1э пытщэнщ къуэжэхьхэр ик1и ди темэр абы
къыхэщынщ)
Ди пщ1ант1э п1этепхъуэ хужь тепхъуащ. (Уэс)
1эдэ-уадэншэу псым лъэмыж тезылъхьэ. (Мыл)
Нт1э нобэ зи гугъу тщ1ынур къэфщ1ауэ п1эрэ? (Щ1ымахуэ зэманырщ.)
Къищынэмыщ1ауэ, Щоджэнц1ык1у Алий и гъащ1эмрэ и лэжьыгъэмрэ т1эк1у
щыгъуазэ зытщ1ынщ, и усэхэм ящыщ зы «Щ1ымахуэ» жыхуи1эм деджэнщ.
IV.Темэщ1эм
емыджэ щ1ык1э ехьэл1а лэжьыгъэхэр
1)Щоджэнц1ык1у Алий и гъащ1эмрэ и лэжьыгъэмрэ щыгъуазэ
щ1ын. ( Усак1уэм теухуауэ еджак1уэхэм ягъэхьэзырахэм щ1эдэ1ун).
2) «Щ1ымахуэ» зи темэ кинофильм к1эщ1 егъэплъын. Мэз псэущхьэхэм щ1ымахуэм я
псэук1эм тепсэлъыхьын
3) Щ1ымахуэм теухуа усэхэр, уэрэдхэр жегъэ1эн.
V.Зыгъэпсэхугъуэ
дакъикъэ. Адыгэ къафэ мэкъамэ къеуэм ек1уу
сабийхэм я 1эпкълъэпкъым зезыгъэшэщ1 адыгэ къафэм и элементхэр егъэгъэзэщ1эн.
VI.Щ1ымахуэм
теухуауэ тхылъым ит сурэтым к1эщ1у тегъэпсэлъыхьын:
-Сыт сурэтым щыфлъагъур?
- Дунейм и щытык1эр сыт хуэдэ?
- Ц1ык1ухэр дауэ хуэпа? Сыт щ1эхуэпар?
- Сыт
абыхэм ящ1эр?
- Сыт
щ1ымахуэм щ1ым къытрилъхьэр?
-Дэнэ щы1э
бзухэр?
- Сыт
языныкъуэ бзухэр щ1элъатэр?
VII.Къардэн
Бубэ и «Щ1ымахуэ зэманым» текстым къемыджэ щ1ык1э къалэн ящыщ1ын бзухэр
щ1элъэтэжым и щхьэусыгъуэр къыхагъуэтэну. Еджак1уэхэр текстым къегъэджэн.
(
Къуалэбзухэм я нэхъыбэр щ1ымахуэм хуабап1эм щы1эщ. Хьэпщхупщхэр щ1ы щ1агъым
щопсэухэр. Хьэпщхупщ зышх бзухэм шхын щ1ымахуэм щ1амыгъуэтыр аращ.)
1)
Макъамэ дахэ щ1эту щ1ымахуэм и дахагъэр къызэрыщ сурэт гъэлъэгъуэныгъэхэм
компьютерк1э егъэплъын.
VIII. ЩоджэнцIыкIу
Алий «ЩIымахуэ»усэм къахуеджэн.
1)
Усэр къазэрыщыхъуар, зытеухуар жегъэ1эжын.
2)
Мы псалъэхэр усэм зэрыщыжы1ар
къыхегъэгъуэтэн:
Уэс
зытелъ жыгхэр- жыг тхъуахэр,
Жыгым
телъ уэсыр-щыгъэху
Псы
уэрхэм ящ1 макъ-псы уэрхэр 1ущащэу
-Дэтхэнэ
жы1эк1эр нэхъ дахэу
IX.Усэм
езыр-езыру къегъэджэн.
X.Словарнэ лэжьыгъэ
егъэк1уэк1ын:
Пшагъуэбэ- пшагъуэ
1ув, жыг тхъуахэр-я щхьэк1эм сытхъу телъщ, мыл кхъуафэм щок1уасэ- псыежэхым и
у1фэхэр мылу 1ущтык1ащ, бжьэхуцк1э хуэпащ-уэс телъщ жи1эу аращ, шыгъуэгум
епщ1ащ- хадэм къыщытет1ысхьащ
XI .Яджар къызэщ1экъуэжын.
1. Упщ1эхэм
жэуап ирегъэтын.
-
Сыт щ1эуэ къэфщ1а, хьэлэмэт къыфщыхъуа?
- Урокым узэрылэжьам сыт аразы укъэзымыщ1ауэ хэтыр?
- Щ1ымахуэм теухуауэ сыт щ1эуэ къэфщ1ар?
XII.Унэ
лэжьыгъэ.
«Щ1ымахуэ
зэманыр»текстым къеджэн, тепсэлъыхьыжын, ЩоджэнцIыкIу
Алий и «ЩIымахуэ» усэр гук1э
зэрагъэщ1эн. Нап. 68-70 (гукIэ).
Оставьте свой комментарий
Авторизуйтесь, чтобы задавать вопросы.