Макъамэм щ1эту утыкум къохьэ езыгъэк1уэк1хэр .
1 в - Ф1эхъус апщий нобэ ди зэхуэсым кърихьэл1а псоми! Адыгэбзэм
, ди анэдэлъхубзэм и махуэ лъап1эм теухуауэ ди еджап1эм щек1уэк1ыну
фестиваль- зэпе- уэм фыкъыдогъэблагъэ!
2в- Фыкъеблагъэ , зи бзэр псэм пэзыщ1у
Зи тхыдэжьыр зыгъэлъап1э псори,
Дэ ди гуапэщ ди анэбзэр, хабзэр,
Щ1ыхь ин хэлъу къыддэвгъэлъэп1эну.
1в.- Фыкъеблагъэ ,зи бзэр зыф1э1эф1хэр,
Ар сыт щыгъуи япэ изыгъэщхэр,
Бзэр лъэпкъ напэу къэзыбж псори ,
Гуапэу ди зэ1ущ1эм фыкъеблагъэ!
Нач.кл.- Абгъуэм къик1ыу бзур лъэтэнум,
Хуейкъэ дамэр ишэщ1ын?
Ц1ыхум ц1ыхуу зилъытэнум ,
Хуейкъэ и бзэр ищ1эжын?
Макъамэ
къоуэ.
1в. - Бзэр дэзыгъащ1эр Тхьэм иузэщ1,
Дунейм и ф1ыгъуэм щремыщ1э!
2в. - Нобэрей фестивалыр къызэ1уахыу ар хъуэхъу псалъэк1э
ирагъэжьэну утыкум къыдогъэблагъэ илъэс бжыгъэ хъуауэ анэбзэ
1эф1ыр щ1эблэм 1уралъхьэу ди еджап1эм щылажьэ ди егъэджак1уэхэм.
Егъэджак1уэхэм
я псалъэ.
1в. - Адыгэм хабзэр и бзыпхъэщ, 1уэху щиублэк1э,хъуэхъук1э
щ1едзэ. Дэри а хабзэр
нобэ ткъутэнкъым. Ди махуэшхуэ зэхыхьэр къызэ-
1утхынщ Бештокъуэ Хьэбас и «Тхьэлъэ1у»
хъуэхъумк1э.
Бештокъуэ Хь. «Тхьэлъэ1у».
«Къафэ»
2в. - Ди
адыгэбзэр мывэ джей быдэщ,
Илъэс
мин куэдхэр абы и тхыдэщ,
Псы
къелъэм хуэдэу ар къарууф1эщ,
Ди
лъэпкъгъэф1эну дызэрыгуф1эщ.
1в. - И
бзэр ф1эдахэмэ - ар лъэпкъ узыншэщ,
И
бзэм хуэлажьэмэ – ар лъэпкъ уахътыншэщ, Адыгэ лъэпкъыр
дызэкъуэтынщ,
Ди
бзэм и щ1ыхьыр лъагэу т1этынщ.
Уэрэд « Си анэбзэ , си адыгэбзэ»
Бицу А. «
Си анэдэлъхубзэ» усэр.
1в. - Ди
1уащхьэмахуэ уафэм ныщ1оуэ,
Бахъсэн
уэрыжьыр къуак1эм щызоуэ,
Мы
ди хэкужьыр дуней телъыджэщ,
Ди
адыгэбзэр - ар бзэ гъуэзэджэщ.
2в. - Ди
адыгэбзэм , анэдэлъхубзэм
Блэк1а
зэманхэр къыдегъэщ1эж,
Ди
нартыжь лъэпкъым уэрэд хуеусыр,
Адыгэ
къафэр дэни нехьэсыр.
«Уэркъ къафэ»
1в. - Си
адыгэр умыц1ыхумэ,
Тхыдэм
еплъи къыбжи1энщ,
Тхылъ
умыщ1эм зэрыщытыр ,
Къызэупщ1и
сэ бжес1энщ.
2в. - Рамзесышхуэм
джатэ жанк1э
Езэуахэм
драбынщ,
Кърым
хъанхэр бгыху лъащ1эжьхэм
Щызыдзахэм
дракъуэшщ.
Усэ « Зэ уадыгэну сыт и уасэ!»
1в. - Зыхэлъыр
си псэр с1урылъ си бзэрщ,
Хэтыху
ар си лъым гур къеуэнщ.
Зыгуэрк1э
къэ1умэ бзэм и гъыбзэ,
Си
гущ1эм мывэу къит1ысхьэнщ.
2в.- П1эщ1эхъуэм
нобэ бзэр у1эгъэ,
Пщэдей
мык1ыжу е пф1ек1уэнщ,
Иужьк1э
хамэм и бжэкъуагъым
Хэхэск1э
къоджэу укъуэтынщ.
Бештокъуэ Хь. «Бзэр зезыхьэр фысакъ» усэ.
1в. - Си
бзэмрэ сэрэ дызэт1олъхуэныкъуэу
Зы
адыгэ анэм дыкъилъхуащ,
Здэнукъым
сыкъэзылъхуар хаутэу,
Здэнукъым
хаутэу къыздалъхуар.
2в. - Анэбзэ
1эф1ыр зыгъэик1эм
Зэфа
быдзышэр ещ1 хьэрэм ,
Адыгэ
анэ щ1ым тетыхук1э
Тхъумэну
ди бзэр ди къалэнщ.
Нало З. « Нанэ и псэ, дадэ и бзэ» усэр.
1в. - Щыфхъмэ
фи гум а хуабагъэр,
Фызэхуэбыл1э
псэк1э ,
Адыгэ
лъэпкъым лъэ1у фхузи1эщ,
Си
гуапэщ фыщ1эдэ1умэ.
Бемырзэ М. « Лъэ1у» усэр.
1в. - Сыт
къэхъугъэм ищ1а псом нэхъ дахэр? –
Жи1эу
хэти сэ къызэупщ1ам,
Стынщ
жэуап , хэдэншэу зыми -
-
Лъахэрщ !
Хьэкъ
щрехъу ар япэм зымыщ1ам!
2в. - Псалъэу
щы1эм я нэхъ жагъуэр
Сэ
къызадз : «Хэхэс» .
Сыщыпсэуми
къэрал 1эджэм,
Сэ
сыхъуащ хэкуншэ.
Я
дэ ди Тхьэ , Хэку зимы1эр
Сыту
насыпыншэ!
«Адыгэ уафэ» уэрэдыр
К1ыщокъуэ
А. «Адыгэ хэку» усэр.
1в. - Сыадыгэщ
! Ар си дамэщ!
Сыадыгэщ!
Сышэрджэсщ!
Дэни
пщалъэу щыувауэ
Шэрджс
жи1эм - ар ц1ыху нэсщ.
2в. - Адыгэ,
ди дыгъэ , дищ1,
Ди
лъэпкъ гупсысэ зым пэдмыщ1,
Аращ
дэ ди Тхьэр, фыф1эл1ык1,
Фыпсэу
хуэфщ1эфу фхузэф1эк1.
«Ислъэмей»
1в. - Узэщымыджэ
, си бзэ дахащэ,
Зеиншэу
, кхъы1э, зумылъытэж,
Анэнэп1эсым
и гупк1э дзак1эм ,
Урадзэжами,
зысхуэхъумэж.
2в. - Маржэ ,
си адыгэ ,
Дызэрывгъэубыд.
Хъунущ
ди пщ1эр лъагэ ,
Зыдмыщ1ыжмэ
пуд.
Хьэнфэн А.
«Адыгэбзэ»
«Къэбэрдей» уэрэдыр.
1в. - Псалъэ
, псалъэ , адыгэ псалъэ,
Адыгэгур
л1ыгъэм хуэгъэпсыж.
«Уадыгэщ»
жа1эм дрипагэу,
Адыгагъэм
и пщ1эр къэ1этыж.
2в.- Псалъэ,
псалъэ, адыгэ псалъэ,
Ди
адэжьхэм я хъыбар 1уэтэж.
Хабзэ
дахэу лъэпкъым къмгъэщ1ахэр,
Ухуэсакъыу
щ1эблэм 1эщ1элъхьэж.
Ц1ыхубэ уэрэд «Нусэ.
1в. - Маржэ ,
ди щ1эблэу лъэпкъым и набдзэ,
Адыгэ
хабзэр фи псэу фыпсэу ,
Къытщ1эхъуэ
щ1эблэр лъэпкъым и набдзэм -
Хабзэ
дахащэм дэ дропсэу.
2в. - Ди
лъэпкъ 1умахуэу адыгэ лъэпкъыр,
Хабзэр
я бзыпхъэу тетщ дуней псом,
Къаджэм
пэджэжу , жанщ я 1эпкълъэпкъыр,
Зэбын
– зэунэу , зэпсэу зэдопсэу.
Уэрэд «Дэ псори дызэкъуэтщ»
1в. - Си къуэшхэ, фыкъихьэт утыкум,
Си
бзэм нобэ и махуэщ,
Кърихыу
гуф1эгъуэр фи нэгум,
Уджыр
ефшажьэт псыпыхуу.
«
Гъатхэпежьэ удж»
Оставьте свой комментарий
Авторизуйтесь, чтобы задавать вопросы.